|
|
Календарь событий
10 марта 2026
10 марта, 2026 - 16:06
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым щекIуэкIащ «Разговор сквозь время» зэхыхьэр, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, кинорежиссёр цIэрыIуэ Вэрокъуэ Владимир (1936-2022) къызэралъхурэ илъэс 90 зэрырикъум траухуар.
10 марта, 2026 - 16:05
Мэшыкъуэ ФатIимэ федеральнэ налог къулыкъущIапIэм республикэм щиIэ и IуэхущIапIэм налогхэмкIэ и инспекторщ. Жэуаплыныгъэ зыпылъ IэщIагъэм къыдэкIуэу ар икIи пшынауэщ.
10 марта, 2026 - 16:03
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и зэIущIэ зыубгъуа. Абы и лэжьыгъэм хэтащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Илъэс блэкIам ди щIыналъэм и мэкъумэш IэнатIэм хузэфIэкIамрэ мы гъэм къыпэщылъ къалэнхэмрэ теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн.
10 марта, 2026 - 16:02
Налшык къалэм дэт ДыгъафIэ къалэм «ЩIэныгъэм и гъэлъэгъуэныгъэ–2026» фIащу щекIуэкIа Iуэхугъуэ щхьэпэр и кIэм нэсащ, абы кърикIуахэр къызэщIакъуэжащ, щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIамрэ щагъэфIэжащ.
10 марта, 2026 - 16:00
Брат Хьэсин къыдигъэкIа «Адыгэхэм я къуалэбзу щIэныгъэр» тхылъым зэритымкIэ, къуалэбзухэм къызэщIаубыдэ лIэужьыгъуэ 28-рэ: махъшэбзухэр, борэнпежьэхэр, къаз теплъэхэр, жыгыуIу теплъэхэр, унэбзу теплъэхэр, нэгъуэщIхэри. Псори зэхэту къуалэбзухэр дуней псом лIэужьыгъуэ 8600-рэ щохъу, абы щыщу мини 5-м щIигъур унэбзу лIэужьыгъуэщ. Ди къэралым уащыхуозэ лIэужьыгъуэ 750-м. ЛIэужьыгъуэ псоми щыщ къуалэбзухэр зэхэтмэ, меларди 100-м нос. Абыхэм ящыщ зыбжанэм и гугъу тщIынщ.
10 марта, 2026 - 12:35
Гъатхэпэм и 8-р зи махуэшхуэхэм ящыщщ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым илъэс 22-кIэ хэта Къарэжь Людмилэ.
10 марта, 2026 - 12:32
Ди республикэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкI газет закъуэр фIыуэ илъагъуу, абы и къыдэкIыгъуэхэм пэплъэу и гъащIэр ирихьэкIащ Къэхъун къуажэм нэхъыжьыфIу дэса, гуащIэдэкI лэжьыгъэм и ветерану щыта Тхъуэст Сэлэдин. Газетым къытехуа тхыгъэхэм щыгъуазэ зыхуищIа нэужь, Сэлэдин и хьэлырати, и къуэрылъху-пхъурылъхухэу адэшхуэм къепщIэпщIэкIауэ щытахэм яхуиIуэтэжырт къипсэуа гъащIэ кIыхьым къриубыда Iуэхугъуэ е къэхъукъащIэ хьэлэмэт гуэр. Илъэс 90-м щIигъукIэ псэуа а дадэм и Iуэтэжым Iэмал имыIэу ущие гуэри щIэлът – ауэ къзэрыгуэкIыу ар гупым яхэпсэлъэхьынутэкъым.
10 марта, 2026 - 12:25
Гъатхэпэм и 10, гъубж
♦Урысей Федерацэм и Архивхэм я махуэщ
♦Адыгэ Республикэм и Конституцэм и махуэщ
♦1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и нартыхугъэкI, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Емышэ Хьэлий.
♦1939 гъэм къалъхуащ «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъыр къыдэзыгъэкIа, инженер-технолог Къубатий Борис.
♦1944 гъэм къалъхуащ сурэтыщI Къудей МэчрэIил.
10 марта, 2026 - 11:16
Гъатхэпэм и 10-м илъэс 20 ирокъу Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетыр (НАК) къызэрызэрагъэпэщрэ.
|