|
|
Календарь событий
11 марта 2026
11 марта, 2026 - 18:09
Мысыр литературэм новеллэ жанрым и лъабжьэр щызыгъэтIылъахэм ящыщ зыуэ щытащ Лашын ТIэхьир Мыхьмуд. Абы и гъащIэм, и лэжьыгъэм дыщигъэгъуэзащ журналист, публицист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
11 марта, 2026 - 17:10
Кикбоксинг
Къэбэрдей-Балъкъэрым КикбоксингымкIэ и федерацэм зэIущIэ щригъэкIуэкIащ Налшык къалэм и Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм. Абы щыхэплъэжащ нэгъабэ и спортсменхэр зыхэта зэхьэзэхуэхэм щахузэфIэкIам икIи къыхэжаныкIахэр щагъэлъэпIащ.
Федерацэм и тхьэмадэ Къудей Алим къыхигъэщащ илъэс блэкIар я дежкIэ гугъуу щытами, ехъулIэныгъэфIхэр зэраIар. ЖыпIэнурамэ, нэгъабэ щIышылэм Ставрополь щIыналъэм и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ Кисловодск къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм КъБР-м и командэм етIуанэ увыпIэр щаубыдащ.
11 марта, 2026 - 16:08
Алыдж-урым
Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Ямало-Ненецкэ автономнэ округым и Тарко-Сале къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 50-м щIигъум я спортсмен 500-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр иIэту зэпеуэм хэтащ Къазмыхь Сэлим икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, килограмм 63-рэ зи хьэлъагъхэм я деж дыщэ медаль къыщихьащ. Ди щIалэм и тренерыр Нэгъуей Азэмэтщ.
11 марта, 2026 - 15:12
КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид зэхуихьэсыжащ, итхыжащ хъыбар куэд. Тхыдэр зи лъабжьэ, пщыхэмрэ пщылIхэмрэ я зэманыр къыщыгъэлъэгъуахэри яхэтщ абыхэм. Къэрмокъуэм итхыжахэм ящыщщ «Гулей» хъыбарыр. Гулей и пщыр иукIыжу Iуащхьэр псэупIэ зэрищIам, адэкIэ къылъыкъуэкIахэмрэ и щхьэ кърикIуахэмрэ ятеухуащ фызэджэнур. Мыбы къыхэщ цIыхухэм я хьэлхэм укIэлъыплъынуи гъэщIэгъуэнщ, езы хъыбарым къыщыхъу Iуэхугъуэхэм я къэгъэшыпIэхэми узыпэмыплъауэ зыкъридзэкIыу гъэпсащ.
ГЪУЭТ Синэ
Гулей
11 марта, 2026 - 15:06
Хъыбарыжьхэр дунейм къызэрытехьэм, абыхэм лъабжьэ яхуэхъум Къуалэ и къуэ Созрыхьэ теухуа Iуэтэжыр и лъабжьэу тетхыхьащ Къэрмокъуэ Хьэмид.
11 марта, 2026 - 14:13
IэщIагъэлIхэм я мызакъуэу, иужьрей зэманым дэтхэнэ зыми гу лъыттэ хъуащ интернетым зэпымыууэ зэманыр зэрыщагъакIуэм уеблэмэ цIыху балигъри нобэрей гъащIэм къызэрыхичым. Сабийм ар зэпымычу къигъэсэбэпмэ-щэ?! КърикIуэнкIэ хъунур шынагъуэщ - апхуэдиз хъыбарыр хузэмыгъэзахуэу къытехьэлъэнущ, шэч хэмылъу.
11 марта, 2026 - 12:26
Ди къэралым щрагъэжьащ «ЛIыхъужьхэм я фэеплъым дыхуэпэжщ!» урысейпсо зэпеуэр. И мурад нэхъыщхьэр дзэ Iуэху хэхам и лIыхъужьхэмрэ абы щызэрахьа хахуагъэхэмрэ я фэеплъыр хъумэнырщ.
Хэтыну жэрдэм зиIэхэм я тхылъхэр къеIыхын щIадзакIэщ, ар мэкъуауэгъуэм и 30 пщIондэ екIуэкIынущ.
Гукъыдэж зиIэ псори зэпеуэм унэтIыныгъи 10-кIэ хэт хъунущ:
- эссе «Сыхуэсакъыу си гум щызохъумэ» темэм теухуауэ;
- рассказ;
- эпистолярнэ жанр «ЛIыхъужьым деж письмо»;
- усэ;
- уэрэд;
- сурэт теха;
- сурэт щIа;
11 марта, 2026 - 12:26
Кыщпэк къуажэм и школым, КъБР-м и япэ президент КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэм и тхыдэ-лъахэхутэ музейм, тхыдэ хьэпшып куэд щахъумэ.
2012 гъэм къызэIуаха музейм и унафэщIыр библиотекэм и лэжьакIуэ, егъэджакIуэ Гуэщокъуэ Таещ. Гъэсэныгъэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэр къуажэм, школым, республикэм, хэкум я тхыдэр джынымкIи щхьэпэщ. Абы щахъумэ хьэпшыпхэм къахохъуэ егъэджакIуэхэм, ныбжьыщIэхэм, къуажэдэсхэм я фIыгъэкIэ.
Курыт еджапIэм и унафэщI Балъкъэр Дадусэ зэрыжиIэмкIэ, музейр еджакIуэхэм я хэкупсэ зыужьыныгъэм толажьэ.
11 марта, 2026 - 11:07
УФ-м и Компартым ди щIыналъэм щиIэ и къудамэм и япэ секретарь, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и депутат Пащты Борис Налшык къалэ дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ зи унафэщI парт къудамэм и бюром и зэIущIэ зэIуха.
11 марта, 2026 - 09:00
Гъатхэпэм и 11, бэрэжьей
УФ-м Наркотикхэм якIэлъыплъынымкIэ и IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
Уней хъумакIуэ агентствэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
1991 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къищта унафэм ипкъ иткIэ «Ленин гъуэгу» газетым и цIэр «Адыгэ псалъэ» жиIэу зэрахъуэкIащ.
1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Уэщхъун МуIэед.
Дунейм и щытыкIэнур
|