|
|
Календарь событий
13 марта 2026
13 марта, 2026 - 16:34
2025 гъэм Урысей Федерацэм, щIыналъэщIэхэр хэмыту, хьэцэпэцэу къыщрахьэлIэжащ тонн мелуани 141-рэ, абы щыщу гуэдзыр мелуан 91-рэ хъуащ, къитащ иджыблагъэ Росстатым. 2024 гъэм хьэцэпэцэу Iуахыжащ тонн мелуани 125,9-рэ, гуэдзу – тонн мелуан 82,6-рэ.
Нэгъабэ хьэм и бэвагъыр тонн мелуан 19,7-рэ хъуащ. Абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIар тонн мелуан 16,67-рэщ. Нартыхуу Iуахыжащ тонн мелуан 14,8-рэ, 2024 гъэм – тонн мелуан 13,96-рэ.
13 марта, 2026 - 16:22
Дзэлыкъуэ щIыналъэм и Псынэдахэ къуажэм и курыт еджапIэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Ар щаухуауэ щытар 1970 гъэрщ икIи а зэманым къриубыдэу апхуэдэ лэжьыгъэхэр а школым нэхъапэм щрагъэкIуэкIакъым. Иджы, еджапIэр зыхуей хуагъэзэфыну апхуэдэ Iэмал къахукъуэкIащ «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Егъэджэныгъэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ.
13 марта, 2026 - 15:14
«Урысейм и гугъапIэхэр» Къэбэрдей-Балъкъэр цIыхубз зэгухьэныгъэм хэтхэм «Жако» фабрикэм къыщыщIагъэкI IэфIыкIэхэкIхэм ящыщ Белгород уIэгъэщым щылажьэ цIыхубз дохутырхэмрэ техникэ лэжьакIуэхэмрэ иджыблагъэ тыгъэу хуагъэхьащ.
Жэрдэмыр къыхэзылъхьа бзылъхугъэхэм я гукъэкIыр Урысейм и щIыналъэ куэдым даIыгъащ, езы Iуэхугъуэми къызэрымыкIуэу ину зиубгъуащ, жылагъуэхэми ар гулъытэ гуапэу къалъытащ. Белгород уIэгъэщым и унафэщIхэм гукъэкI зыщIа жылагъуэ зэгухьэныгъэм фIыщIэ ин хуищIащ, абы и лэжьакIуэхэми я цIэхэр фIыщIэгуапэ тхылъхэмкIэ къраIуащ.
13 марта, 2026 - 14:44
Иужьрей зэманым щIыналъэм гъуэгу къэхъукъащIэхэр нэхъыбэ щыхъуащ. Абы имыгъэгузавэу къанэркъым щIыналъэ унафэщIхэр икIи машинэ зезыгъакIуэхэр къыхураджэ нэхъ сакъыну, гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэм ткIийуэ тетыну.
2026 гъэр къызэрихьэрэ республикэм къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэм транспорт къэхъукъащIэу 34-рэ щатхащ, абыхэм цIыхуи 10 хэкIуэдащ, 49-м фэбжьхэр хахащ. ЩIыналъэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэм насыпыншагъэхэр нэхъ мащIэ щыхъуами, абыхэм авариеу 23-рэ къыщыхъуащ, цIыхуи 6 хэкIуэдащ, 37-м фэбжь зэхуэмыдэхэр ягъуэтащ.
13 марта, 2026 - 14:44
«Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Прохладнэ щIыналъэм и Къэрэгъэш, Прималкинскэ къуажэхэм цIыхухэр куэду щызэхуэс я щIыпIэхэр мы гъэм зэIузэпэщ ящIынущ. Лэжьыгъэхэм хыхьэу сабий джэгупIэхэр абыхэм щаухуэнущ, лъэс лъагъуэхэм плиткэхэр щралъхьэнущ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэнущ.
Къэрэгъэш зэIузэпэщ щащIынущ къуажэ администрацэм и хэщIапIэмрэ ЩэнхабзэмкIэ и унэмрэ къедза щIыпIэр. Мы жылэм цIыху мини 6-м щIигъу щопсэу, абыхэм ящыщу мини 2-р сабийщ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щIимыгъуауэ.
13 марта, 2026 - 14:33
Иджырей адыгэ щIалэгъуалэм куэд яхэтщ я лъэпкъ зэхэщIыкIыр къагъэщIэрэщIэжыну, къагъэбеижыну я мураду Iуэху къезыхьэжьэхэр. Апхуэдэхэм ящыщщ адыгэбзэкIэ фильм кIэщIхэр трихыу иджы утыку къихьа Пэфыф Заринэ. «Уардэ» щэнхабзэ-узэщIакIуэ проектым и къызэгъэпэщакIуэ пщащэр ящыщщ къызыхэкIа лъэпкъым и къэкIуэнум ирипIейтей, къыдэкIуэтей щIэблэм яхэлъ адыгагъэм зезыгъэужьыну Iэмалхэр къэзыгупсыс цIыху зэчиифIэхэм.
13 марта, 2026 - 14:07
ЩIалэгъуалэм я унэм щагъэлъэпIащ Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэр. Зэхыхьэ гуапэр къызэригъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым.
Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ гушыIэ дахэ зыхэлъ ныбжьыщIэхэу ГъущIо Салимрэ Бишэн Миланэрэ. МакъамэкIэ, къафэрэ хъуэхъукIэ гъэнщIа концертым зэхуишэсат егъэджакIуэхэр, студентхэр, университетым и хьэщIэхэр.
13 марта, 2026 - 13:41
Гъатхэпэм и 14, щэбэт
Адыгэ тхыбзэм и махуэщ
1853 гъэм адыгэбзэкIэ къыдэкIащ Берсей Умар и «Адыгэ псалъалъэр».
1995 гъэм Налшык экономико-правовой лицей къыщызэIуахащ.
1913 гъэм къалъхуащ абхъаз тхакIуэ, Куржымрэ Абхъазымрэ гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Гулиа Георгий.
1937 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, литературэдж, критик, КъБР-м щэнхабзмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэрмокъуэ Хьэмид.
13 марта, 2026 - 13:00
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам Налшык къалэ дэт амбулаторэ, стоматологие поликлиникэ зыбжанэм щыIащ, абыхэм цIыхухэм щрат дэIэпыкъуныгъэхэм я фIагъыр зыхуэдэм зыщигъэгъуэзэн папщIэ.
Министрым зригъэлъэгъуащ IэнатIэхэм лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIыр, ахэр къызэрызэгъэпэща Iэмэпсымэхэм я щытыкIэр, абыхэм къекIуалIэ цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр. Абы къыхигъэщащ стоматологие пэшхэм я лэжьыгъэр тэмэму къызэрызэгъэпэщар, зыхуэныкъуэ Iэмэпсымэ псори ирикъуу зэраIэр.
13 марта, 2026 - 12:26
КъБКъУ-м и къудамэ щхьэхуэхэм щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэпэщ Iуэхугъуэ хэхам теухуа куратор сыхьэтхэр. Апхуэдэу Математикэмрэ естественнэ щIэныгъэхэмкIэ институтым и 2 - 4-нэ курсхэм щIэс студентхэм папщIэ иджыблагъэ екIуэкIащ щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэным хухэха куратор сыхьэт.
Абы къыщыпсэлъащ Университетым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ, КъБКъУ-м Граждан-хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ и центрым и унафэщI, дзэ Iуэху хэхам и ветеран, КъБР-м и Парламентым и ебланэ зэхуэсыгъуэм и депутат Шевчук Герман Алексей и къуэр.
13 марта, 2026 - 12:26
Гъатхэпэм и 13, мэрем
Вагъуэхэм щакIэлъыплъ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Геодезиемрэ картографиемрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр
1939 гъэм къалъхуащ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист Шумахуэ Владимир.
13 марта, 2026 - 11:06
2021 гъэм къыщыщIэдзауэ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм псэупIэу щаухуащ псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мелуан 1,1-м щIигъу, бюджетым къыхэкI инфраструктурэ кредитхэр къагъэсэбэпу. Ар иджыблагъэ жиIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.
13 марта, 2026 - 10:01
Хьэршыр гъунэгъу зыхуэщIыным хуэгъэпса NASA зэгухьэныгъэм (США) щылажьэ астрофизикхэм къызэрапщытамкIэ, уахэм и зы къуэгъэнапIэ хэгъэщхьэхукIам деж вагъуэ гуэрэнышхуэ абрагъуэу щызэхэтхэм (галактикэхэм) къахэщхьэхукIаитIым гъунэгъуIуэ зызыхуащIащ.
ГъэщIэгъуэну къащыхъуа а къэхъугъэм и зыхъуэжыкIэм астрономхэр кIэлъыплъащ ЩIым езыр-езыру екIэрэхъуэкI спутникхэм язым хащIыхьа лъэщапIэм (обсерваторэм) хабза Хаббл телескопымкIэ.
13 марта, 2026 - 09:00
«Усэхэмрэ уэрэдхэмрэ зыусхэм зэреджэр джэгуакIуэт, ахэр щIэныгъэ зимыIэ, ауэ усэкIэм хуэIэзэ цIыхухэт. Зауэ къэхъуамэ, сыт щыгъуи шы гъуабжэ тес джэгуакIуэхэмрэ сринапщэхэмрэ зауэлIхэр къызэщIэзыIэтэ усэхэмрэ псалъэхэмрэ зэхалъхьэрт. Ахэр дзэ пащхьэм иувэрти, я уэрэдхэмрэ я усэхэмрэ щыжаIэрт, я уэрэдхэм къыщаIуатэрт ди япэ итахэр мышынэу зэрыщытар, абыхэм я лIыхъужьыгъэ хьэлэмэтхэр щапхъэу къахьырт.
|