|
|
Календарь событий
14 марта 2026
14 марта, 2026 - 16:01
Террорым и бийуэ
«КъБР-м экстремизмэмрэ терроризмэмрэ щымыгъэIэн» къэрал программэм ипкъ иткIэ «Спортыр террорым и бийщ» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ зэхьэзэхуэ. Ар траухуат терроризмэм пэщIэтынымкIэ Лъэпкъ комитетыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 20 зэрырикъум.
14 марта, 2026 - 15:13
Даргом (Даргъом) – осетиныбзэм «гъуэгу кIыхь» мыхьэнэращ къыщикIыр. Адыгэхэм «Дэргъуэм ауз» жаIэ.
14 марта, 2026 - 14:10
Тырныауз къалэм Кулиев Къайсын и цIэр зэрихьэу дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм хэт библиотекэр Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и библиотекэ зэгъэуIуахэм я ещанэ къудамэщ. Абы и тхыдэр къыщежьащ бгым къыщIаххэм щелэжь комбинатым и промышленнэ утым и плIанэпэм.
14 марта, 2026 - 13:00
2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьапIэншэхэр IэнатIэхэмкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ IуэхугъуэфIхэр щрагъэкIуэкIащ, щыжаIащ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм. ЖыпIэнурамэ, IэнатIэм къыпэщылъа къалэнхэр игъэзэщIащ, къыпэщылъа планми щIригъэгъуащ. Абы нэмыщI, Кавказ Ищхъэрэм лэжьапIэншэхэр щынэхъ мащIэ и щIыналъэхэм яхохьэ республикэр.
14 марта, 2026 - 12:26
Ди лъэхъэнэм хэкупсэ гъэсэныгъэм мыхьэнэщIэ иIэ хъуащ. Нэхъапэм зауэм, хэкур хъумэным зи лIыгъэ, зи гъащIэ хэзылъхьахэм я цIэхэр, я сурэтхэр зэхэтхыу, тлъагъуу щытамэ, иджы лIыхъужьхэр доцIыху, дзэ Iуэху хэхам къикIыжа ди благъэхэм, гъунэгъухэм дахуозэ, уеблэмэ ди унэм щIэсщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым а Iуэхур - хэкупсэ гъэсэныгъэр - сэбэпынагъ къыпэкIуэу щызэфIагъэкI, нэгъуэщI щIыналъэхэми хуэдэу бгъэдыхьэкIэ хэха щиIэщ. Зи гугъу сщIыр дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм лIыгъэм и дерсхэр школакIуэхэм, студентхэм, щIалэгъуалэм я пащхьэ зэрыщатырщ.
14 марта, 2026 - 12:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым гъатхэпэм и 21-м хэгъэгупсо щэбэт щIыхьэху щекIуэкIынущ. Абы къыхэкIыну мылъкур нэхъыжьхэм ядэIэпыкъунымкIэ фондым халъхьэнущ. Iуэхугъуэ дахэр къыхэзылъхьар ветеранхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ КъБР-м IэщIагъэрылажьэхэм я федерацэмрэщ.
14 марта, 2026 - 11:00
Ди тхыгъэм фIэщыгъэцIэ хуэтщIар лъэпкъ еджагъэшхуэ Ломоносов Михаил Василий и къуэм (1711-1765) къыщIэна псалъэ Iущхэм ящыщщ. Апхуэдэ гупсысэхэр и гъуазэущ ар езыр зэрыпсэуар, хэкупсэ нэсыр, цIыху телъыджэр, МКъУ-м нобэ зи цIэр зэрихьэ щIэныгъэлI щэджащэр. Естественнэ къэхутэныгъэхэмкIэ дунейпсо цIэрыIуагъ япэу къэзыхьа лъэпкъ щIэныгъэлIыр, иджырей урысыбзэм и литературэ лъабжьэхэр зыгъэтIылъар, тхыдэдж Iэзэр, философ къызэрымыкIуэр къызэралъхурэ мы гъэм илъэс 315-рэ ирокъу.
14 марта, 2026 - 10:00
Илъэс къэс ди щIыналъэм щекIуэкI «Унагъуэр анэдэлъхубзэм, хабзэм я хъумакIуэщ» республикэпсо зэпеуэм мы гъэм хэтащ Налшык къалэм и Iэдииху хьэблэм щыщ Щадхэ, Мызхэ, Къазийхэ, Урысхэ, Тхьэзэплъхэ, Гувэжыкъуэхэ я унагъуэхэр.
|