|
|
Календарь событий
15 марта 2026
15 марта, 2026 - 12:26
Си лъэпкъэгъу лъапIэхэ! Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым, си щхьэм къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Адыгэ тхыбзэм и махуэмкIэ.
Анэдэлъхубзэр дызэрызэгурыIуэ бзэ къудейкъым, атIэ ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI, щIэблэхэм зэIэпахыу къыддэгъуэгурыкIуэ фIыгъуэщ, Iущагъщ, хабзэщ. Абы лъэпкъыр зэкъуегъэувэ, адыгэм и тхыдэмрэ бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ ехъумэ.
15 марта, 2026 - 11:01
Лъэпкъым щыщ дэтхэнэ цIыхуми фIыуэ илъагъун, пщIэ хуищIын хуейщ анэдэлъхуу Тхьэр къызэрыхуэупса, къыIурилъхьа бзэм. Апхуэдэу щытми, адыгэхэм къытхокI зи анэдэлъхубзэр зымыщIэ, абыкIэ мыпсэлъэф, анэбзэмкIэ екIуэкI псалъэмакъым хэмытыф. Ар узыгъэгузавэ Iуэхугъуэщ. НэгъуэщIуи къохъу языныкъуэхэм деж: ди анэдэлъхубзэр зыфIэхьэлэмэту зэзыгъащIэхэри мымащIэу щыIэщ.
15 марта, 2026 - 11:00
Иужьрей зэманым щIыналъэм гъуэгу къэхъукъащIэхэр нэхъыбэ щыхъуащ. Абы имыгъэгузавэу къанэркъым щIыналъэ унафэщIхэр икIи машинэ зезыгъакIуэхэр къыхураджэ нэхъ сакъыну, гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэм ткIийуэ тетыну.
15 марта, 2026 - 10:01
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ди республикэм и къалащхьэ Налшык дыгъуасэ лэжьыгъэ IэухукIэ щыхуэзащ УФ-м и Президентым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ полномочнэ лIыкIуэ Чайкэ Юрий. КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ ди щIыналъэм щыщыIэ щытыкIэм.
15 марта, 2026 - 09:00
«Бзэр лъэпкъым и псэщ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Абы зегъэужьыным, и пщIэр къэIэтыным, щIэблэм егъэщIэным темылажьэ зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым.
|