Календарь событий

16 марта 2026

Адэм и къалэныр инщ

Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ «Адагъэ: Иджырей гугъуехьхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэхэмрэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Адэхэм я зэгухьэныгъэ» форум иныр.

Адыгэбзэр макъыбзэщ

Адыгэм и бзэр, и хабзэр, и тхыдэр, и щэнхабзэр къызэдогъуэгурыкIуэ зэщIыгъуу. Анэдэлъхубзэм и хъуреягъэм къепщIэкIыжащ адрей лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэ псори. Лъэпкъым и гур къеуэн папщIэ, абы бзэ Iурылъын хуейщ. Псалъэу, макъыу зэхэлъ къудейкъым, бзэр атIэ ар хьэл – щэнщ, шыфэлIыфэщ, хабзэ-нэмысщ, зыIыгъыкIэщ, акъылщ. Бзэм нобэ иIэ щытыкIэм, щIэблэм ар яIурылъын папщIэ зыхуекIуэн хуей Iэмалхэм, уадыгэным къикIым теухуауэ къыджаIам фыщыдогъэгъуазэ. 

ПсыкIэ гугъу ехьыжынукъым

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал программэм ипкъ иткIэ Тэрч щIыналъэм и Терекскэ къуажэм и уэрамхэм псы къабзэ зэрыкIуэ и бжьамийхэр къыщагъэщIэрэщIэжащ.

Бзэр къыкIэрыху хъунукъым

Къэбэрдей-шэрджэсыбзэр, адыгеибзэр, убыхыбзэр, абхъазыбзэр, абазэбзэр абхъаз-адыгэ бзэ гупым хохьэ. 
Урысейм ди бзэр щызокIуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар, Ставрополь щIыналъэхэм, Осетие Ищхъэрэ-Аланием и Мэздэгу районым. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и гугъу пщIымэ, бзэр ди лъэпкъэгъу хэхэсхэм щызэрахьэ адыгэхэр нэхъыбэу щыпсэу Тыркум, Иорданием, Сауд Хьэрыпым, Германиемрэ США-мрэ. 

Псыежэххэр

«Псыежэххэм я махуэ» зыфIащар къыщащтар Ныджэхэр зэрыIуащIэм пэщIэтынымкIэ япэ дунейпсо зэIущIэу Бразилие къэралыгъуэм и Куритибэ къалэм 1997 гъэм щекIуэкIарщ. 

ГъащIэм и гъуджэщ зи щIалэгъуэр

Ди нобэрей щIалэгъуалэм я теплъэм, гупсысэкIэм, дуней тетыкIэм нэхъыжьхэр щIэх-щIэхыурэ топсэлъыхь, ирогузавэ. Пэжу жыпIэмэ, сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэ, гур хэзыгъахъуэ, гупсысэкIэ хьэлэмэтхэр зиIэ, зэчий зэмылIэужьыгъуэхэр зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэхэмкIэ къулейщ ди лъэпкъыр. ЗэрыжаIэу, къызыхэхъукI гъащIэм и гъуджэщ зи щIалэгъуэр. Ар пэжщ. Абы щIызгъужынщ мыри: дэтхэнэ сабийри гъащIэм зэрыхэтынур зи «IэмыщIэ икI» адэ-анэм, гъэсакIуэм, егъэджакIуэм халъхьэ хьэл-щэнхэмкIэщ. 

Нэхъ цIыху тынш гъуэтыгъуейт

УсакIуэ цIэрыIуэ Гъубжокъуэ Лиуан и къалэмыпэм къыщIэкIащ поэзием и лъагапIэм хабжэ усэ купщIафIэ куэд. Гъубжокъуэр гъащIэ мащIэу щытами, лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. Абы и IэдакъэщIэкIщ «Шэрэдж толъкъунхэр», «Насыпгуэш», «Жэщ гупсысэхэр», «Зэманым и джэрпэджэж», «ДыгъапIэ», «Иужьрей уафэхъуэпскI» усэ тхылъхэр. Абыхэм я фIыпIэр щызэхуэхьэсауэ 2008 гъэм къыдэкIащ «Усэхэмрэ поэмэхэмрэ» сборникыр. 
ТхакIуэ Елгъэр Кашиф усакIуэм теухуауэ итхауэ щыта гукъэкIыжхэм фыщыдогъэгъуазэ.

Псоми - зэхуэдэ гулъытэ

Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм и спорт комплексыщIэм къыщызэIуахащ зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэ сабийхэм хуэщIа спорт лIэужьыгъуэхэм зегъэужьынымкIэ, дзэ Iуэху хэхам хэтахэр реабилитацэ щIынымкIэ центр.
Иджыпсту абы зыщагъасэ зи Iэ-лъакъуэхэр дахэ-дахэу къыдэмыбз сабийуэ 10-м. Абыхэм я Iэпкълъэпкъыр гъэбыдэнымрэ зегъэужьынымрэ хуэгъэпса программэ щхьэхуэхэр ягъэхьэзыращ, спорт тренажерхэр, Iэмэпсымэхэр къащэхуащ.

Адыгэ жьэгум и хуабэр

Илъэс 25-м щIигъуауэ Москва щолажьэ, къэрал утыкушхуэхэм адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ щагъэлъагъуэ «Адыгэхэр» ансамблым. КъэфакIуэ гупым нэмыщIи, къэфэкIэ зезыгъэсэну, анэдэлъхубзэкIэ псэлъэну, я лъэпкъэгъухэм яхуэзэну хуей псоми ядолажьэ, ансамблым и унафэщI, цIыху зэчиифIэ Батыр Мущтэфар. Зи хэку цIыкIум, къыщалъхуа лъахэм пэIэщIэу къалащхьэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я «адыгэ жьэгущ» Мущтэфар къызэригъэпэща «Адыгэхэр» къэфакIуэ ансамблымрэ абы жэрдэм зиIэхэр щигъасэ хэщIапIэмрэ. 

НОБЭ

Гъатхэпэм и 16, блыщхьэ

1942 гъэм къалъхуащ УФ-м, КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Дагъыстэным я цIыхубэ дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Лий Адэлджэрий. 

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 6 - 7, жэщым градуси 3 - 4 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ.