Календарь событий

17 марта 2026

Нэхъыщхьэр къыщIэхуахэм ядэIэпыкъунырщ

Урысейм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм гъатхэпэм и 12-м ягъэлъэпIащ я махуэшхуэр. Мы гъэм илъэси 147-рэ ирокъу ФСИН-р къызэрызэрагъэпэщрэ. Республикэм щыIэ пенитенциар къудамэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Демидов Александр топсэлъыхь а IэнатIэм и мурадхэмрэ я къалэнхэмрэ, унэтIыныгъэ нэхъыщхьэр - къыщIэхуар гъуэгу захуэм тегъэувэжынырщ. 

Лъэпкъыбзэр зэрыбейм и щыхьэту

Мы тхыгъэми къыщытхь жыIэгъуэхэр къызэрытхар «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щIыгъужыпхъэхэр» зыфIищу тхакIуэ, лъахэдж цIэрыIуэ Шэрджэс Алий къыдигъэкIауэ щыта и тхылъырщ. 
КIуабдэ – гъуэгурыкIуэм и гупэр здэгъэза лъэныкъуэ.
КIуафIэ – емышу гъуэгуанэшхуэ зэпызычыф цIыху е шы.
КIуэдырыпшынэ – къуажэ Iэхъуэхэм дащIу щыта зэгурыIуэныгъэ – хъушэм хэкIуэдыкIыр езы Iэхъуэм ипшыныжыну е кIуэдыр мыинмэ, зеям иритын хуея IэхъупщIэм а кIуэдар пэувыжу.

Ахэр щымыIамэ, къэбгупсыс хъунт

Къэбэрдей-Балъкъэрым мыхьэнэ лъагэ яIэу щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ республикэм и автомобиль гъуэгухэр, уэрамхэр, лъэмыжхэр, курыт еджапIэхэр, сабий садхэр, сымаджэщхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэхэр, спорт ухуэныгъэхэр, цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэхэр. н.къ., дэнэ щIыпIэкIи зыхуей щыхуагъазэ, зэIузэпэщ щащI зэпытщ. ИкIи, абыхэм теплъэ дахэхэр зэрыратым къыдэкIуэу, а лэжьыгъэхэр хуэунэтIащ ди щIыналъэм ис цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщыным. Аращ а Iуэхугъуэхэр, зэрыжаIэу, зы дакъикъэ щIамыгъэувыIэр. 

Жылагъуэм щIыхь щызиIэ лэжьакIуэ

«Зы илъэскIэ япэ уплъэмэ, жылэ хэсэ. ИлъэсипщIкIэ япэ уплъэмэ, жыг хэсэ. ИлъэсищэкIэ япэ уплъэмэ, цIыху гъасэ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. А псалъэ Iущхэр и гъуэгугъэлъагъуэу дунейм тетщ и IэщIагъэр гурэ псэкIэ фIыуэ зылъагъуу илъэс 30-м нэблэгъауэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыт Нэзэр Марьянэ Хьэсэнбий и пхъур. Анэдэлъхубзэмрэ литературэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэ куумкIэ, абы къыдэкIуэу, зи псэ хуабагъэмкIэ еджакIуэхэм ядэгуашэ, я адэжь щIыналъэр, лъэпкъ хабзэр фIыуэ ялъагъуу щIэблэр къэгъэтэджыным хуэлажьэ цIыхущ ар.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 17, гъубж
Адыгэ Республикэм и парламентаризмэм и махуэщ 
1918 гъэм къызэIуахащ Тэрч щIыналъэм ис лъэпкъхэм я II съездыр. 
1938 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI Дыгъужь Мыхьмуд. 
Дунейм и щытыкIэнур 
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 9 - 10, жэщым градуси 4 - 5 щыхъунущ.ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ. 

«Пытыжкъым си жыгым мэракIуэ»

«Адыгэ литературэм и зыужьыкIэм кIэлъыплъхэм, шэч хэмылъу, гу лъатауэ къыщIэкIынщ «совет нэужь литературэкIэ» дызэджэ лъэхъэнэм абы нэхъыбэу къыхыхьар бзылъхугъэхэр зэрыарам. Ахэр нэхъыбэу дэзыхьэхри усыгъэрщ. ДызыгъэгуфIэращи, литературэм къыхыхьэ бзылъхугъэхэр я гупсысэкIи хъэтIкIи зэщхькъым, абыхэм я тхыгъэхэм къыбжаIэ щIэныгъи зэрабгъэдэлъыр, гъуазджэм и унэтIыныгъэхэми фIыуэ зэрыщыгъуазэр. Апхуэдэ литературэ унэтIыныгъэхэм я нэхъ гугъур къыхэзыхахэм ящыщщ усакIуэ-уэрэдус Багъэтыр Нинэ», - жеIэ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ТIымыжь Хьэмыщэ. 

Сабийхэр къыдэзыхьэхыф егъэджакIуэ

Тэтэр Iэминэ куэдым доцIыху адыгэбзэмкIэ сабийхэм я егъэджакIуэфIу, ар щыдолъагъу лъэпкъ Iуэхухэм, адыгэбзэм теухуа зэIущIэхэм, щIэнIуатэхэм. Адыгэпсэ зиIэ пщащэм игури и псэри етауэ ди щIэблэм анэдэлъхубзэр егъэщIэным йогугъу, фIы дыдэуи къохъулIэ. Iэминэ сабийхэр къыдехьэх адыгэ джэгукIэхэмкIэ, и бзэ IэфIымкIэ, сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ, хъыбар гъэщIэгъуэнхэмкIэ, IуэрыIуатэкIэ. Абы и дерсхэр сабийхэм папщIэ хъугъуэфIыгъуэщ. 

Сэбэпынагъ нэхъыбэ

Урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмкIэ «Вече» зэгухьэныгъэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ дяпэкIэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ. Дэфтэрым Iэ традзащ КъБКъУ-м и проректор ГъукIэпщокъуэ Муратрэ «Вече» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Литвинов Романрэ.
ДяпэкIэ еджапIэ нэхъыщхьэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ егъэджэныгъэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, щэнхабзэ-узэщIыныгъэ лэжьыгъэхэм ехьэлIауэ Iуэху зэдащIэнущ.