Календарь событий

20 марта 2026

Тхэнми зэдзэк1ынымкIи хуэIэкIуэлъакIуэ

Тхыгъэ гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ, атIэми адыгэбзэ къабзэкIэ тхауэ, къыщыпIэщIыхьэкIэ ущыщыгуфIыкI зэманщ. Апхуэдэ IэдакъэщIэкIхэм, нэхъ пэжу жыпIэмэ, сабий таурыхъхэм, иджыблагъэ зыщызгъэгъуэзащи, си гуапэщ. Ахэр ейщ Сихьэ Светланэ. 

Мывэхэм я щэхур

ДыщыцIыкIум дэтхэнэ зыми мывэкIэщхъхэр зэпытплъыхь ди хабзэу щытагъэнщ, налкъутналмэс къызыщыдгъэхъуу, цIыхум, псэущхьэм я теплъэм едгъэщхьу, дэтхэнэ мывэми мэгъу къару гуэр къапкърыкIыу къытщыхъуу. 
Тенджызым апхуэдэхэр щызэхуэпхьэсыныр гукъинэж дыдэт. Къуршэ Хъусени зэрыцIыкIурэ Бахъсэн псы Iуфэм къыщигъуэту щытащ нэгъуэщIхэм емыщхь мывэ хьэлэмэтхэр. Иджы абы псыежэх мывэхэм скульптурэ телъыджэхэр къыхещIыкI. 

НОБЭ

Гъатхэпэм и 20, мэрем
ЩIым и дунейпсо махуэщ 
1944 гъэм
Докшукинэ спирт заводым, зэрагъэпэщыжа нэужь, лажьэу щIидзэжащ. 
1992 гъэм «Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь» цIэмрэ «Дыщэ вагъуэ» медалымрэ ягъэуващ. 
1910 гъэм къалъхуащ «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зыхуагъэфэща Мусэ Менлы. 
1967 гъэм къалъхуащ композитор, КъШР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Абдокъуэ Юрэ. 
Дунейм и щытыкIэнур

Шэрджэс

 ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа, зи анэдэльхубзэр нэгъэсауэ фIыуэ зыщIэу щыта Къэрмокъуэ Хьэмид тхыгъэ куэд зэридзэкIащ ди тхыдэм теухуауэ. Абыхэм ящыщщ Лондон къыщыдэкI «Таймс» газетым и корреспондент Лонгворт Джеймс 1837 гъэм Шэрджэсым къакIуэу адыгэхэм зы илъэсым щIигъукIэ яхэса нэужь, и гукъэкIыжхэр иту къыдигъэкIауэ щыта тхылъыр. 
Щыгъуазэ фыдощI а тхыгъэм къыхэтха пычыгъуэм, зэрыжытIащи, Къэрмокъуэ Хьэмид зэридзэкIауэ. 

Мэкъумэш щIэныгъэри я тегъэщIапIэу

ЩIы Хъурейм и гравитацие губгъуэр е, нэгъуэщIу жытIэмэ, зыщIэзышэ и къарум и къэухьыр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къызэрыщыкIуэр, бгыхэм, къуэладжэхэм, мэзхэм, псыхэм, губгъуэхэм, нэгъуэщIхэми инагъ-цIыкIуагъ и лъэныкъуэкIэ я зэхэлъыкIэр картэрэ сурэту тхылъымпIэм зэрытрагъэзагъэ бгъэдыхьэкIэхэр зыдж щIэныгъэщ геодезиемрэ картографиемрэ.
Математикэмрэ физикэмрэ лъабжьэ зыщIа а унэтIыныгъэр япыщIащ гъавэ тесэкIэм, ар щащIэ щIыгум кIэлъыплъынымкIэ IэщIагъэхэми геологие, географие, геоботаникэ щIэныгъэхэми. 

ЩIэныгъэм зи гъащIэр тезыухуа

КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и профессор, биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Джатокъуэ Олег Уэлий и къуэр ящыщщ лъэпкъ щIэныгъэм и къэкIуэнум псэ хьэлэлкIэ хуэлажьэ еджагъэшхуэхэм. ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ, адыгэм и цIэр фIыкIэ жыжьэ щызыгъэIуф IэщIагъэлIыр УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. ЗыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэр къалъытэри, Джатокъуэр пщIэ хуащIу хагъэхьащ Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием.

КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПАРЛАМЕНТЫМ И УНАФЭ

КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПАРЛАМЕНТЫМ И УНАФЭ

П О С Т А Н О В Л Е Н И Е

ПАРЛАМЕНТА КАБАРДИНО-БАЛКАРСКОЙ РЕСПУБЛИКИ

О внесении изменений в Положение о комиссии Парламента Кабардино-Балкарской Республики по контролю за достоверностью сведений о доходах, об имуществе и обязательствах имущественного характера, представляемых депутатами Парламента Кабардино-Балкарской Республики 

ЗэфIэкIым хагъахъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым промышленнэ, медицинэ, химие, полупроводник, н. къ. продукцэхэм елэжь и IуэхущIапIэхэм зэфIэкIыфIхэр къагъэлъэгъуащ илъэс блэкIам икIи абыхэм зэхэту хьэпшып зэхуэмыдэу къыщIагъэкIамрэ нэгъуэщI щIыпIэхэм хурагъэшамрэ я куэдагъымкIэ Кавказ Ищхъэрэм япэ увыпIэр ди республикэм щиIыгъщ. КъБР-м ПромышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министерствэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр къыщапщытэжа зэIущIэм ар щыжаIащ иджыблагъэ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергей. 

Уралым щыщхэри къыдахьэх

2030 гъэм ирихьэлIэу Урал федеральнэ округым къикIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым къакIуэ туристхэм я бжыгъэм хуэдитIкIэ хагъэхъуэн мурад щыIэщ. Псалъэм къыдэкIуэу, а щIыналъэм и цIыху мин 50-м нэблагъэ ди деж щыхьэщIащ нэгъабэ. Псори зэхэту республикэм къакIуэхэм я проценти 2,5-рэ хъууэ аращ ар.