|
|
Календарь событий
21 марта 2026
21 марта, 2026 - 14:57
Мы гъэм и пэщIэдзэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм пщIэ зыщIат Iуэхутхьэбзэу хуалэжьащ сом мелард 74,6-рэ и уасэ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 100,5-кIэ хуокIуэ ар.
21 марта, 2026 - 12:56
2026 гъэм и щIышылэм Къэбэрдей-Балъкъэрым розницэ сатууэ щащIам сом мелард 25,9-рэ къыпэкIуащ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 107,9-кIэ хуокIуэ, къитащ иджыблагъэ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм.
21 марта, 2026 - 11:54
КъБР-м и Парламентым «стIол хъурей» жыпхъэм иту иджыблагъэ щекIуэкIа зэIущIэм депутатхэр щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЖКХ-м епха гугъуехьхэм, псыкIэ, хуабэкIэ, уэздыгъэкIэ, газкIэ къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэхэмрэ унэхэр зэIузэпэщу щытыныр зи къалэн компаниехэмрэ я лэжьыгъэм. ЗэIущIэр и жэрдэмт УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмрэ гъэсыныпхъэ-энергетикэ IуэхущIапIэмкIэ комитетым.
21 марта, 2026 - 09:53
КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ эндокринологиемкIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хэха Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщратым.
|