|
|
Календарь событий
22 марта 2026
22 марта, 2026 - 13:46
Балъкъэрхэм я къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр щагъэлъапIэм ирагъэхьэлIэу Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ дзюдомкIэ республикэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ 2010-2011 гъэхэм къалъхуа бэнакIуэ ныбжьыщIэхэр икIи я хьэлъагъ елъытауэ ахэр гупибгъуу гуэшауэ щытащ.
22 марта, 2026 - 12:26
КъБР-м и Лъэпкъ музейм щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр» семинар-зэIущIэ.
22 марта, 2026 - 10:01
ФIэхъус апщий, щIылъэр гуфIэу
Зи IэфIагъэм дэуша,
Бзу гуфIахэр зи пшыналъэу
Дунейр гуапэу зытепса!
ЩоджэнцIыкIу Алий
22 марта, 2026 - 10:01
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым курыт еджапIэхэм щрагъэдж предметхэмкIэ олимпиадэхэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ щагъэлъэпIащ. ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ институтым щызэхуэсащ республикэм и еджакIуэ нэхъыфIхэр, «Экономикэ», «Право» (обществознание Iыхьэ), «Финанс щIэныгъэ», «Экономикэ шынагъуэншагъэ», «ТуризмэмкIэ щIэнгъуазэ» дерсхэмкIэ щIэныгъэ куу къэзыгъэлъэгъуахэр.
22 марта, 2026 - 09:58
ЩIыуэпсым и зыхъуэжыкIэм кIэлъыплъ еджагъэшхуэхэри цIыху къызэрыгуэкIхэри дрищыхьэту, «ЩIым и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм гъатхэпэм и 20 – 22-хэращ щрагъэкIуэкIыр.
|