Календарь событий

24 марта 2026

Дыщэм ефIэкIхэр

Гъатхэпэр литературэм ехьэлIа махуэхэмкIэ бейщ. Мазэм и пэщIэдзэм ягъэлъапIэ ТхакIуэм и дунейпсо махуэр, гъатхэпэм и 21-р Усыгъэм и дунейпсо махуэщ. Абы ирихьэлIэу Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и сайтым кърилъхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и литератор цIэрыIуэхэм ящыщу а еджапIэ нэхъыщхьэр къэзыухахэм я цIэхэр. Абы адыгэ, балъкъэр тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я дыщэ фондкIэ уеджэ хъунущ.

Юпитер и Iэхэлъахэм

Астрономхэм гу зэрылъатауэ, уахэ щIэншэм и плIанэпэ жыжьащэхэр къызэринэкIри, ди Дыгъэм и къэухьым къыхэлъэтат щIэныгъэлIхэм «3I/ATLAS» зыфIаща хьэршырыкIуэ пкъыгъуэ абрагъуэр. Астрофизикхэм ящыщ куэдым ар вагъуэкIэху лъэпкъыгъуэ гуэру къалъытами, «уахэхутэу» зызыбжыж мыдрейхэм пкъыгъуэ иныщэр хьэрш жыжьэм акъыл зиIэрэ псэ зыIуту дызыщрихьэлIэнкIэ хъунухэм къагъэкIуа уахэрыкIуэ кхъуафэу ягъэIуащ.  

НОБЭ

Гъатхэпэм и 24, гъубж
Жьэн узым ебэныным и дунейпсо махуэщ 
1948 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик, КъШР-м щIэ ныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьа кIуэ Шенкао Мухьэмэд. 
1948 гъэм къалъхуащ КъШР-м и къэрал, политикэ лэжьакIуэ Арэшыкъуэ Мухьэмэд. 
1951 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хъыдзэдж Борис. 

Псэр адыгэбзэкIэ щыусэкIэ

Къыбдалъхуа бзэм уигурэ уи псэрэ етауэ урилажьэмэ, урипсалъэмэ, уритхэмэ, абы ехъулIэныгъэ къызэрыпэкIуэнум шэч хэлъкъым. Дуней псом къыщацIыху, зи литературэ гъуэгуанэр къэрал псом щыпхызыша, Адыгей, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ, Кубаным гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, СССР-мрэ Урысей Федерацэмрэ я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым, Островскэм я цIэкIэ щыIэ литературэ саугъэтхэм я лауреат, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ и щапхъэр щыхьэт тохъуэ а псалъэхэм. 

Хьэкъул Тимур етIуанэщ

 

ЩIэупщIэ зиIэ Iуэхутхьэбзэхэр

УФ-м хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ (МСП) хыхьэу, ерыскъы ягъэхьэзырар къыздыщIах шхапIэхэм (на вынос) я бжыгъэм процент I5-кIэ хэхъуащ илъэс блэкIам. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу ди къэралым и шхапIэ псоми я бжыгъэм зэрыхэхъуам елъытауэ хуэдэ 1,7-кIэ ахэр нэхъыбэ хъуащ - проценти 9-кIэ. 

Уи насып зыхэлъыр пхъумэжыпхъэщ

«Шэрыб плъыжьыр» фильмыр зэрытрахрэ илъэс 70 зэрырикъуар гъуазджэм фIыкIэ къыхэщ юбилейщ. Езыр фильм кIэщI жыхуаIэхэм хабжэ, зэрекIуэкIыр дакъикъэ 34-рэщ. ЗыгуэркIэ Чаплин Чарли щыджэгуахэр уигу къигъэкIыжу, теплъэгъуэм уэршэрышхуи зэпсалъэ куэди хэткъым. Псори щекIуэкIыр Париж къалэм и уэрам фагъуэхэрщ, щIалэ цIыкIум IэщIэлъ шэрыб плъыжьыбзэр нэм зыри къыщыфIэмынэ гъащIэ зэшыгъуэм къыхэлыдыкIрэ гур къригъэлъэту. 

ЩIым пщIэ хуэтщIыркъым!

ЩIыуэпсым епха ныкъусаныгъэхэм ящыщу щIым ехьэлIар япэ нэхъ игъэщыпхъэт. Сыту жыпIэмэ, ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхум и псэукIэри, щыIэкIэри, гъащIэри абы епхауэ дыкъогъуэгурыкIуэ.