Календарь событий

27 марта 2026

Набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КИФЩI-м шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщынымрэ коррупцэм щыпэщIэтынымкIэ зэзыгъэуIу совещанэм. Ар иригъэкIуэкIащ  УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий.

 ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ КИФЩI-м щыщ ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ  щIэпхъаджагъэм щыхъума зэрыхъупхъэм, ахэр   терроризмэмрэ экстремизмэмрэ  хэзышэну зи мурадхэм япэIэщIэ щIын зэрыхуейм.

Дыхуэныкъуэми, зэранщ

 Зи бжыгъэм зэпымычу хэхъуэ машинэхэм къалэхэр ущымыбэуэжыф ящI. Ахэр зэрылажьэ гъэсыныпхъэм къапкърыкI Iугъуэм и закъуэкъым зэраныр, атIэ, гъуэгум телъ асфальтым къыпихри нэхъ шынагъуэжщ.

Асфальт лIэужьыгъуитI щыIэщ: щIыдагъэр къыщыщIах щIыпIэхэм пэмыжыжьэу хьэзыру къыщагъуэтымрэ IэрыщIымрэ. ЩIым къыщIахыр щабэщ, махэщ, псынщIэу мэткIу. АсфальтобетонкIэ зэджэ IэрыщIыр битумкIэ зэкIэрышха мывэкIэщхърэ пшахъуэу зэхэлъщ, зэрызэпкърылъ пкъыгъуэхэм я процент бжыгъэм елъытауи асфальтыр лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщокI.

 

Нэхур псом нэхърэ нэхъ псынщIэщ

Языныкъуэхэм ящIэр машинэхэр, кхъухьлъатэхэр, мафIэгухэр щызекIуэкIэ къагъэлъагъуэ псынщIагъэрщ - сыхьэтым километри 190-рэ, 300, 800 зыкIухэри яхэту. ЦIыхум ищIа техникэр къапщтэмэ, нэхъ псынщIэ дыдэу лъатэр Х-15 жыхуаIэ кхъухьлъатэ-тIасхъэщIэхырщ. Абы зы сыхьэтым километр 7273-рэ зэпечыф! Ауэ хьэршым щыIэщ алъандэрэ щIэныгъэлIхэм яджа псоми я щхьэж къакIуэ псынщIагъэ…

Iэмэпсымэхэм я лэжьэкIэр ирагъэфIакIуэ

 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ СтатистикэмкIэ къэрал къулыкъущIапIэм и управленэу КИФЩI-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Гъащтэ Аурикэ. ЗэIущIахэм къапщытэжащ республикэм и къулыкъущIапIэм гъэ блэкIам къехъулIахэр.

 Гулъытэ нэхъ зыхуащIа лъэныкъуэхэм язщ статистикэмкIэ къэралым и планым ипкъ иткIэ, цIыхухэм ятеухуауэ зыщыгъуэзапхъэхэр иригъэкъунымрэ ахэр зыхуей хуэгъэзэнымрэ.

ЗэфIэкIхэм я лъэхъэнэ

2026 мэлыжьыхьым и 17-м екIуэкIынущ «Урысейм и лэжьыгъэ. ЗэфIэкIхэм я лъэхъэнэ» Урысейпсо жармыкIэр. Абы хэтынущ мэкъумэш лэжьыгъэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, ухуэныгъэмкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ лэжьакIуэ лъыхъуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр.

Жыг къэбгъэуа - абы и пIэ нэгъуэщI хэсэ

ООН-м Ерыскъыпхъэмрэ мэкъумэш хозяйствэмкIэ и IэнатIэм къитым дригъуазэмэ, ди планетэм мэзхэм яубыд щIыгур кIуэ пэтми нэхъ мащIэ щохъу. КъызэралъытамкIэ, гъэ къэс ЩIы Хъурейм мэзу гектар мелуан 14-м нэблагъэ токIуэдыкI, зэфIагъэувэжыну зыхунэсыр гектар мелуани 5-м зы тIэкIукIэ щIигъущ. Псори зэхэтлъхьэжмэ, ар къызэрыдгурыIуэ хъуну дэ къэтлъытэр ди планетэм секунд къэс футбол джэгупIэм къызэщIиубыдэ мэзым хуэдиз фIэкIуэдущ.

Гуныкъуэгъуэр щхьэщах

«Урысей зэкъуэт» партым и щIыпIэ къудамэу Налшык къалэ округым щыIэм зэIущIэ щрагъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтым и лэжьакIуэхэм. Зэхыхьэр теухуауэ щытащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэм психологие дэIэпыкъуныгъэ етыным, защIэгъэкъуэным. Iуэхур зи жэрдэмыр партым и Налшык къалэ щIыпIэ къудамэм и гъэзэщIакIуэ секретарь Адыгэунэ Анжелэщ.

Махуэшхуэ тIуащIэр ягъэлъапIэ

Хабзэм и хъумакIуэ дзэхэр зэрыщыIэрэ илъэс 2I5-рэ, Урысей лъэпкъ гвардиер къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 10 зэрыхъум я щIыхькIэ ЩIалэгъуалэм я унэм Iуэху гуапэ щекIуэкIащ.

«Хьэцыбанэр» Москва щагъэлъэгъуащ

Москва, цIыху цIэрыIуэхэм я IэрыкIхэр щагъэлъагъуэ «Манеж» залым,  гъатхэпэм и 14-19-хэм щекIуэкIащ Дахагъэм и еханэ тхьэмахуэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и дизайнер, «Хьэцыбанэ» дамыгъэм щIэту фэилъхьэгъуэхэр зыд, хьэпIацIэщыгъэкIэ екIуу хэзыдыкI IэпщIэлъапщIэ  Щоджэн ФатIимэ и лэжьыгъэхэри абы щигъэлъэгъуащ.

Къупщхьэлъапщхьэм и ухуэкIэр

ЦIыхум и къупщхьэлъапщхьэм лыри, щIыфэри, лъынтхуэхэри ешэкIащ, абы Iэпкълъэпкъыр захуэу еIыгъ, зэрегъакIуэ икIи кIуэцIфэцIым и «хъумакIуэщ». Сабий къалъхуагъащIэм къупщхьэ 270-рэ иIэщ, ауэ цIыхур балигъыпIэ щиувэм ирихьэлIэу и къупщхьэлъапщхьэр пкъыгъуэ 205 - 207-рэ ирикъужу аращ - языныкъуэ къупщхьэхэр зэпокIэжри.

Илъэс хьэлъэхэмрэ гугъапIэ нэхумрэ

Лъэпкъыр зыгъэлъэпкъыр и бзэрщ, и хабзэрщ, и адэжь Хэкурщ. Абыхэм я зыр пфIэкIуэдынкIэ Iэмал зимыIэщ. Я Хэкур ирагъэбгынэу илъэс 13-кIэ гугъуехь ятелъу хамэщI щыпсэуами, балъкъэр лъэпкъым ихъумэжыфащ и хабзэхэри щэнхабзэри. Зи лъахэр зэгуэр щIэрыщIэу зыгъуэтыжа лъэпкъым и КъэщIэрэщIэжыгъуэ махуэр гъатхэпэм и 28-м егъэлъапIэ.

ЦIыхугъэр нэхъ IэмалыфIу къыщIэкIащ

Iуэхур зыIутрати, Японием щыIэ Кобе къалэм волейболымкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIырт. Зэпеуэр мы спорт унэтIыныгъэм и гуп къыхэхахэрт. Топыр зэрыдахуфымкIэ я зэфIэкIыр къыщагъэлъагъуэм, волейболист пажэхэм яз Нисидэ Юдзи ейр джэгупIэм и бгъум деж щыт хъыджэбзым и нэкIубгъум техуащ.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 27, мэрем

♦Урысейм и МВД-м и къэрал кIуэцIыдзэхэм я махуэщ

♦Театрым и дунейпсо махуэщ

♦1917 гъэм Налшык ГъэзэщIакIуэ комитет къыщызэрагъэпэщащ.

♦1925 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Балъкъэр Фоусэт.

♦1937 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ЩхьэщэмыщI Хьэту.

27 МАРТА 2026 ГОДА - ДЕНЬ ПРАВОВОЙ ПОМОЩИ

27 марта 2026 года (с 10:00 до 12:00) будет проводиться День правовой помощи. Консультационные пункты по оказанию бесплатной юридической помощи будут располагаться в помещениях Государственной национальной библиотеки Кабардино-Балкарской Республики им. Т.К. Мальбахова, филиала Государственного фонда «Защитники Отечества» по Кабардино-Балкарской Республике, ГБУ «Многофункциональный центр по предоставлению государственных и муниципальных услуг Кабардино-Балкарской Республики» и его филиалах по КБР, а также в помещениях отделов ЗАГС во всех районах республики.