«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и лэжьыгъэр къыщапщытэжа зэхуэс щекIуэкIащ Налшык, ЩIалэгъуалэм я унэм. Абы хэтащ УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым, Къэрал Думэм я депутатхэр, КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэхэр, «Молодая гвардия» зэгухьэныгъэм хэтхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэр, журналистхэр. ЗэIущIэр къызэIуахащ УФ-мрэ КъБР-мрэ я гимнхэмкIэ. Зэхуэсахэм гуп-гупу загуэшри, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм тепсэлъыхьащ. Абы хэтащ мыпхуэдэ Iыхьэхэр: дзэ Iуэху хэхам хэтхэм ядэIэпыкъун, экономикэ, медицинэ, егъэджэныгъэ.