|
|
Календарь событий
29 марта 2026
29 марта, 2026 - 15:42
Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Уэзрэдж къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щагъэлъэпIащ дунейр дахагъэкIэ зыгъэнщIхэм, къэралым и хабзэхэр, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр зыхъумэхэм я махуэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм.
29 марта, 2026 - 14:45
Къэралым и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм нобэ щыщIидзэнущ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ лигэм и «Б» дивизионым и Япэ гупым мы гъэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр къэралпсо утыкум щызыхъумэну «Спартак-Налшыкым» абы хъарзынэу зыхуигъэхьэзыра хуэдэщ.
29 марта, 2026 - 14:40

Шэрэдж щIыналъэм балъкъэр мэкъумэшыщIэхэм 1913 гъэм зэрызыкъыщаIэтам и фэеплъыр зэIузэпэщ щащIынущ районым. Ар ягъэувауэ щытащ 1983 гъэм икIи, тхыдэ мыхьэнэ зэриIэм къыхэкIыу, ди республикэм къакIуэ туристхэм абы и хъыбарым яфIэгъэщIэгъуэну зыщагъэгъуазэ.
29 марта, 2026 - 13:44
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Оперативнэ штабым 2026 гъэм гъатхэпэм и 24 - 25-хэм иригъэкIуэкIащ террорым пэщIэтынымкIэ зыгъэсэныгъэхэр.
Терактыр къызэпыудыным ехьэлIауэ зэфIэхыпхъэхэм елэ- жьащ, къапщытащ абы хэта IэнатIэхэм щытыкIэ зэхуэмыдэхэм зэрабгъэдыхьэ Iэмалхэм сэбэпынагъыу къахьым.
Зыгъэсэныгъэм хэтащ КъБР-м щыIэ УФСБ-м, МВД-м, СК-м и СУ-м, МЧС-м, Урысей гвардием, къэрал властымрэ щIыпIэ самоуправленэм и органхэмрэ я лIыкIуэхэр.
29 марта, 2026 - 12:26
Илъэс 30-м щIигъуауэ (1995 гъэ лъандэрэ) гъатхэпэм и 28-р ди республикэм щыдогъэлъапIэ Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэу. Захуагъэр тепщэ щыхъужа а махуэшхуэр гъэувыным лъабжьэ хуэхъуащ 1957 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къыдигъэкIауэ щыта Унафэр. Абы ипкъ иткIэ къащтащ «Къэбэрдей АССР-р Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-у зэхъуэкIыным и IуэхукIэ» республикэ хабзэр. Апхуэдэу зэфIагъэувэжауэ щытащ балъкъэр лъэпкъым и къэралыгъуэр.
29 марта, 2026 - 11:18
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ режиссёр, сценарист, продюсер, актёр Толгуров Саид трилогие трех ди щIыналъэм, абы щыпсэухэм ятеухуауэ. Япэр - «В горах. Она» зыфIищар - балъкъэрыбзэкIэщ зэрытрихар икIи ягу ирихьауэ жыпIэ хъунущ, абы еплъахэм къазэрыщыхъуам тепщIыхьмэ. ЕтIуанэр - «В горах. Он» - адыгэбзэкIэ триха фильмыр - Ханты-Мансийск щекIуэкIа «Дух огня» XXIV дунейпсо кинофестивалым щагъэлъэгъуащ.
|