|
|
Календарь событий
31 марта 2026
31 марта, 2026 - 18:12
Бахъсэныр етIаунэщ
«Федерацэм и Кубок» фIэщыгъэр зэрихьэу киокусинкаймкIэ ветеранхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ иджыблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр иIэту зэпеуэм щыIащ Бахъсэн Хьэсэн икIи килограмм 90 зи хьэлъагъхэм я деж етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. Ди щIалэр щызэуар илъэс 45-50 зи ныбжь спортсменхэр зыхэта гупырщ.
Бахъсэным зэIущIищ щригъэкIуэкIат зэхьэзэхуэми, тIум щытекIуащ абыхэм хухаха зэманхэр икIэм нимыгъэсу. Хьэсэн къыдэлажьэр тренер-егъэджакIуэ Ахъмэт Артурщ.
31 марта, 2026 - 16:56
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ режиссёр, сценарист, продюсер, актёр Толгуров Саид ящыщщ щIыналъэр зэрыгушхуэ, щIэныгъэ зиIэ щIалэгъуалэ жыджэрхэм. Абы трилогие трех ди щIыналъэм и щIыуэпс къулеймрэ абы щыпсэухэмрэ ятеухуауэ.
31 марта, 2026 - 14:49
Анэдэлъхубзэр уасэ зимыIэ щIэинщ, ар хъумэн, зегъэужьын хуейуэ. Абы лъагъуныгъэ хуиIэным къикIыр уи лъэпкъ щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ пщIэ хуэпщIынырщ.
31 марта, 2026 - 14:02
Иджыри зэIубзкъым мы махуэр хэт сыт щыгъуэ къигупсысами, ауэ ар быдэу пыщIащ щIыуэпсым демыгуэуэнымрэ ди зэран едмыгъэкIынымрэ ехьэлIауэ сытым щыгъуи длэжьыпхъэхэм.
Зи гугъу тщIыр гъатхэпэм и 30-р ЩIыр хъумэным и дунейпсо махуэу къэрал куэдым къызэрыщалъытарщ. СыткIэу пIэрэ, атIэ, цIыху къызэрыгуэкIхэм ар къызэрытлъэIэсыр? КъызэрытлъытэмкIи, а упщIэм и жэуапыр нэрылъагъущ.
31 марта, 2026 - 11:18
ЩыIэщ цIыху, цIэ лъапIэхэр имыIэу, къулыкъу лъагэхэри имыIыгъыу, ауэ щыхъукIи жылагъуэм пщIэшхуэ къыщыхуащIу. Апхуэдэхэм ящыщт Старэ Крепость (иджы Бахъсэн) жылэм къыщалъхуа ЛIыгъур Ибрэхьим. Хэкупсэ нэсу зи гъащIэр зыхьам къытхутепсэлъыхьыжауэ щытащ ди газетым и ныбжьэгъуфIу иIа ЛIыгъур Чэрим.
31 марта, 2026 - 11:01
Ди республикэм и лIыкIуэхэр хэтащ иджыблагъэ Москва щекIуэкIа MITT-2026 туризмэмрэ хьэщIагъэмрэ я 32-нэ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэм.
Абы щызэхуэсат туризмэм пыщIа лъэпкъ офисхэр, щIыналъэ администрацэхэр, туроператорхэр, хьэщIэщ сетхэр, travel-tech компаниехэр. Ахэр къикIащ Оманым, Мысырым, Китайм, Тыркум, Малайзием, Африкэм и къэралхэм, Урысейм и щIыналъэхэм. Къэрал 40-м щылажьэ, зыгъэпсэхугъуэр къызэгъэпэщынымкIэ цIыхухэм Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьэкIэмрэ я зэпыщIэныгъэхэмрэ утыку кърахьащ а махуэхэм.
31 марта, 2026 - 10:07
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хьэрычэтыщIэ хуэIухуэщIэхэм я тхыдэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэм и щIыналъэ Iыхьэр иджыблагъэ щекIуэкIащ.
31 марта, 2026 - 07:09
Гъатхэпэм и 31, гъубж
1944 гъэм къалъхуащ урысей кинорежиссёр, актёр, УФ-м и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм хэт Гуэбэшы Амурбэч.
1945 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Пыл Iэуес.
1969 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, хьэрычэтыщIэ, псапащIэ Къуэжьокъуэ Артур.
Дунейм и щытыкIэнур
|