|
|
Календарь событий
02 апреля 2026
2 апреля, 2026 - 17:17
Адыгэ Республикэм щежэх Щхьэгуащэ хэлъэдэж МэлкIапэ псы бгъунжым и къуэ зэвым «домбейхэм я тэхъуанэ» цIэри теIукIат, «домбейхэм я пщыгъуэкIи» еджэрт, псэущхьэ гъэщIэгъуэныщэу зи гугъу тщIыхэр а псыхъуэм куэдыкIейуэ зэрыдэсыгъам къыхэкIыу.
Зоологхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, абдежымрэ абы къедза и Iэхэлъахэмрэ «Кавказ мэзкъуэды» зыфIащу къыщагъэунэхуа мэзгъэфIэнышхуэм и закъуэ, адыгэхэр а щIыпIэм щиса лъэхъэнэр къэтщтэнщи, домбейуэ минитIым нэблагъэ щыпсэугъащ.
2 апреля, 2026 - 16:15
НэгузыужьыпIэхэр

«Туризмэмрэ хьэщIагъэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр Iуащхьэмахуэ районым зэрыщагъэзащIэр къипщытэну иджыблагъэ абы щыIащ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр Быф Аскэр.
2 апреля, 2026 - 15:11
ПсэупIэу 168-рэ
2026 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым псэупIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжынымкIэ и фондым ди республикэм фэтэр куэду зэхэт и унэу 168-рэ зыхуей хуигъэзэнущ. Ар псэупIэу 100-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ зэIузэпэщ ящIам елъытауэ. А Iуэхугъуэхэм трагъэкIуэдэнущ псори зэхэту сом мелард 1-рэ мелуан 300-рэ.
2 апреля, 2026 - 14:23
Адыгэ лъэпкъым и сэбэп зыхэлъ Iуэхухэр игъэкIуатэу, къылъыкъуэкI лъэпощхьэпохэр игъэзэкIуэжу, бзэм, хабзэм, тхыдэм и нэIэ тету мэлажьэ Дунейпсо Адыгэ Хасэр. Абы и ГъэзэщIакIуэ гупыр илъэсым зыбжанэрэ зэхохьэ къапэщылъ Iуэхугъуэхэр яубзыхуу, абы и зэфIэхыкIэр ягъэбелджылын, ящIахэр къапщытэжын папщIэ. Апхуэдэ зи чэзу зэIущIэм къыщапщытэжащ 2026 гъэм и блэкIа мазищым зиужь итахэр.
2 апреля, 2026 - 13:04
Мыгувэу ди къэралым щагъэлъэпIэнущ Хьэршым и махуэу. Илъэс 65-рэ ипэкIэ, I96I гъэм и гъатхэм, дунейм къыщыхъуауэ щытам, цIыхур япэу хьэршым зэрылъэтам, мыхьэнэшхуэ щиIащ жылагъуэм. Зэи къэмыхъуауэ, ЩIым илъэтыкIщ, вагъуэхэм пхылъэтри, цIыхур нэсыфат хьэрш жыжьэм. Тхыдэр IыхьитIу игуэшауэ щытащ а къэхъукъащIэм. Дуней псом зэуэзэпсэу щызэлъащIысат хьэршым кIуэ гъуэгур япэу пхызышауэ щыта Гагарин Юрий и цIэр.
2 апреля, 2026 - 12:26
Лъэпкъым, анэдэлъхубзэм, хабзэ-нэмысым, щэнхабзэм теухуа Iуэхухэр республикэм щекIуэкIащ Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу. Абыхэм ящыщ зыуэ щытащ Кенжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм иджыблагъэ бзэм теухуауэ щекIуэкIа Iуэху щIэщыгъуэхэм хагъэхьа «Мыст» джэгукIэр.
2 апреля, 2026 - 10:01
ЩIалэгъуалэм я Iуэхухэмрэ щIэблэр гъэсэнымрэ гулъытэшхуэ хуещI ди къэралым. ПсынщIэу зызыхъуэж зэманым хэзэгъэфу, къэралым и зыужьыныгъэм щхьэпэфу, хабзэфIхэр яхъумэфу ахэр бгъэсэныр лэжьыгъэ тыншу пхужыIэнукъым.
2 апреля, 2026 - 07:51
Мэлыжьыхьым и 2, махуэку
Сабий тхылъым и дунейпсо махуэщ
Белоруссиемрэ Урысеймрэ я лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
1911 гъэм Цагъуэ Нурий Истамбыл адыгэбзэкIэ къыщыдигъэкIащ «Гъуазэ» газетым и япэ номерыр.
1948 гъэм адыгэ тхакIуэ щэджащэ КIэрашэ Тембот СССР-м и Къэрал саугъэтыр къратащ.
1932 гъэм къалъхуащ журналист, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ АфIэунэ Рае.
|