Календарь событий

19 апреля 2026

Тхьэмадэм и щIыхькIэ

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-мрэ ДАХ-мрэ я вице-президент, «Адыгэ псалъэ»  газетым и унафэщIу   илъэс 24-кIэ щыта ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс  80 зэрырикъуам иращIэкIа щIэ­ныгъэ-практикэ зэIущIэр екIуэ­кIащ мэлыжьыхьым и 10-м. Ар къызэрагъэпэщат КъБР-м и ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм зэпымычу щыхагъахъуэ IуэхущIапIэмрэ ЩIэныгъэхэмкIэ  Дунейпсо Адыгэ академиемрэ зэщIыгъуу.
 

Лианэ и IэрыкIхэр

IэкIэ ягъэхьэзыр, лъэпкъ дамыгъэхэм щыщ зыхаухуанэ фэилъхьэгъуэхэм яIэ щIэупщIэм иужьрей зэманым зэрыхэхъуэр ди нэгу щIокI. Мы тхыгъэр зытеухуар Шэджэм щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и управленэм и IэщIагъэлI нэхъыжь, IэпщIэлъапщIэ Къущхьэ Лианэ и IэдакъэщIэкIхэрщ. 

Тетащ дунейм нэфIэгуфIэу

Налшык и Музыкэ школ №2-м мэлыжьыхьым и 13-м фэ­еплъ концерт щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, республикэм и радиом и уна­фэщIу щыта Гъурф Бэллэ къы­щалъхуа махуэм ирихьэ­лIэу.