Календарь событий

03 мая 2026

ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъщ ди ныбжьыщIэхэр

УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым ЩIэныгъэмкIэ, егъэджэ­ныгъэмрэ щэнхабзэмкIэ и комитетым и нэIэм щIэту мы зэманым ди къэралым щокIуэкI ШколакIуэхэм я урысейпсо олимпиадэр. УнэтIыныгъэ куэду зэщхьэщыха а Iуэхугъуэ куп­щIафIэм жыджэру хэтщ ди ­республикэм и ныбжьы­щIэ­хэри. Къэралпсо зэпеуэм ехьэ­лIа лэжьыгъэ псори ди щIыналъэм къыщызэрегъэпэщ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. 

Уэрэдым дамэу еIэт

Нарткъалэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм иджыблагъэ щэнхабзэ зэIущIэ дахэ къыщызэрагъэпэщащ. Ар теухуауэ щытащ «Нартхасэ» уэрэдымрэ къафэмкIэ цIыхубэ ансамблым и хормейстер, адыгэ уэрэдыжьхэр екIуу гъэзэщIэнымкIэ бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэхэмкIэ жылагъуэм щыцIэрыIуэ Тохъу Мухьэмэд Жэндар и къуэм и творчествэм, апхуэдэуи и ныбжьыр илъэс 65-рэ зэрырикъур гъэлъэпIэным. Махуэшхуэр зейр ягъэгушхуэну, яIэтыну гуфIэгъуэ пшыхьым цIыху куэд ­къекIуэлIат.

«Джэдыкъуэ Плъыжьым» и шыгъэжапIэм

«Кавказ дерби» фIэщыгъэр зэрихьэу шыкIэ гъуэгуанэ кIыхьхэр зэпычы­нымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэ­кIащ Бахъсэн къалэм и «Джэдыкъуэ Плъыжь» спорт комплексым. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 16-м я шууейуэ 122-рэ. Ап­хуэдэуи, УФ-м и тхыдэм щыяпэу кило­метри 100 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр нэхъ псынщIэу зэпычынымкIэ екIуэкIа зэ­хьэзэхуэм зэуэ хэтащ шууей 38-рэ. 

И гуащIэм зэи еблэжакъым

Безыр Ленэ къызэригъэпэщауэ Лъэпкъ библиотекэм лъахэхутэмкIэ и къудамэм щекIуэкIащ бзэщIэ­ныгъэлI, тхакIуэ, усакIуэ, узэ­щIа­кIуэ Елбэд Хьэсэн къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 140-рэ зэрыри­къум ху­хаха литературэ пшыхь. Ди республикэм егъэджэныгъэм теухуауэ куэд щы­зылэжьа щIэныгъэлIыр тIэунейрэ ­хахауэ щытащ Совет Нэхъыщхьэм и депутату. «Гуа­щIэдэкIым папщIэ», ­«Бэ­ракъ Плъыжь» дамыгъэхэр къы­хуа­гъэ­фэщащ, «КъБАССР-м щIэныгъэ­хэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБАССР-м щIыхь зиIэ и егъэджа­кIуэ» цIэ лъапIэхэри къыфIащауэ щытащ.