|
|
Календарь событий
06 мая 2026
6 мая, 2026 - 15:59
БоксымкIэ зэпеуэ
Урысей Федерацэм боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Мэзкуу областым и Чехов къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 74-м я спортсмену 552-рэ, я ныбжькIэ илъэс 15-16 хъухэу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым япэ увыпIэр къыщихьащ ГъущIапщэ Альберт (кг 60).
Быф Дамир (кг 54-рэ) етIуанэ, Пщынокъуэ Ислъам (кг 52-рэ) ещанэ абы хъуахэщ.
6 мая, 2026 - 15:50
Мы илъэсым и гугъу тщIымэ, хьэршым теухуауэ ягъэлъэпIэну зыхунэсахэм хабжэ мэлыжьыхьым и кIэухымрэ накъыгъэм и пэщIэдзэмрэ яку дэт махуэхэри.
Астрономием и дунейпсо махуэ
Мыр зытегъэхуапхъэмкIэ чэнджэщыр 1973 гъэм къыхэзылъхьауэ къалъытэр США-м и Калифорние штатым АстрономиемкIэ и зэгухьэныгъэм и унафэщIу а зэманым лэжьа Бергер Дугласщ. Мыбыи зэрыжиIауэ, хьэршым къыщыхъу-къыщыщIэхэм цIыхухэм нэхъыбэ хегъэщIыкIыпхъэщ.
6 мая, 2026 - 12:35
ТхакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн «пшыналъэ цIыкIухэр» зыфIища и тхыгъэ Iэрамэм гъащIэ псо уи нэгу щIагъэкI. Тхыгъэхэр кIэщIми, купщIэшхуэ яIэщ, уи дуней еплъыкIэми зэрызрагъэхъуэжыфын къару ящIэлъщ.
* * *
Унагъуэшхуэ гуэрым зэныбжьэгъуу щы ист: адэшхуэр, я къуэ нэхъыщIэ цIыкIур, унагъуэхьэр. Хьэм и щIыбым щIалэ цIыкIур адэшхуэм иригъэтIысхьэу зэригъэбэну, зэдигъэджэгуурэ зэман зыкъом кIуащ.
6 мая, 2026 - 12:31
Адыгэ Iуэхум зигури зи псэри хэзылъхьэ ди лъэпкъэгъухэр щымащIэкъым ди лъэпкъэгъуу мелуаниблым нэс зэрыс Тырку къэралыгъуэм. Абыхэм ящыщщ сыт щыгъуи къытпыщIауэ, зи лэжьыгъэхэм дыхэзыгъаплъэ, хэхэсхэм къахуэсэбэп Iуэху куэд зи Iэдакъэ къыщIэкI Брам Алатин. Ар Узун-Яйла къыщыхъуащ. Алатин и фIыгъэкIэ къыдощIэ нобэ Тыркум ис ди хэкуэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэр, бзэмрэ хабзэмрэ хъумэным и Iуэху зыIутыр, хэхэс адыгэхэм я щыщIэныгъэхэр, нэгъуэщIхэри.
6 мая, 2026 - 12:29
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал театрым игъэлъагъуэ лэжьыгъэ купщIафIэхэм ящыщ зы нобэ дигу къыдогъэкIыж - ар «Давай за жизнь…» макъамэ-усэ пшыхьырщ, ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ ягъэхьэзырар.
Утыкум щекӏуэкӏ ӏуэхум а зэманым ухишэ хуэдэщ - фӏыуэ зэрылъагъухэр зэпэӏэщӏэ зэрыхъур, зэӏыхьлыхэр зэрызэфӏэкӏуэдым и хьэлъагъыр, цIыхухэм я хэкупсагъэр. Абы къыхощ, зэман хьэлъэм емылъытауэ, цIыхухэм я зэхуаку зэныбжьэгъугъи лъагъуныгъэшхуи зэрыдэлъар, абы и фIыгъэкIэ гугъуехьхэм зэрыпхыкIар.
6 мая, 2026 - 12:18
ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэм ирихьэлIэу ди щIэджыкIакIуэхэм ящыщ куэд къыддогуашэ а мафIае лъэхъэнэм теухуа гукъэкIыжхэмкIэ. Апхуэдэщ «Адыгэ псалъэ» газетым и ныбжьэгъуфIхэм ящыщ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и отличник Шыгъушэ Хьэбас МэчрэIил и къуэм ди газетым къитхари. Ар Хьэбас и анэм къыжриIэжауэ щыта зауэ хъыбархэм ящыщщ.
6 мая, 2026 - 12:17
«Школхэм къыщыхъу мыхъумыщIагъэхэр хъыбарыщIэхэм къыщыгъэлъэгъуэныр хабзэншагъэу къэлъытэн» зыфIаща хабзэм и проект щагъэхьэзыр Къэрал Думэм. Иужьрей зэманым еджапIэхэм къиIукI хъыбар мыхъумыщIэхэрщ абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар.
Хэт зымыщIэр ныбжьыщIэхэр къызыщIэплъэрейуэ зэрыщытыр? Зэман дэкIмэ, бзаджафэ зуплъ сабийхэми ящхьэщыкI хабзэщ я псынщIагъэр. Ауэ псэун щIэзыдзагъащIэхэм гущIэгъуншагъэ щадэплъагъукIэ, «иджы щыIэхэр» нэгъуэщI зыгуэру пIэрэ жыуегъэIэ.
6 мая, 2026 - 12:11
Накъыгъэм и 6, бэрэжьей
♦Москва и гербымрэ и ныпымрэ я махуэщ
♦1939 гъэм Налшык шыгъэжапIэ къыщызэIуахащ.
♦1875 гъэм къалъхуащ адыгэ тхыдэдж, узэщIакIуэ Долэт-Джэрий СулътIан.
♦1936 гъэм къалъхуащ адыгей философ, еджагъэшхуэ, тхакIуэ, социологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Хьэгъур Айтэч.
|