Календарь событий

07 мая 2026

КъэхъукъащIэ телъыджэхэр

Дунейм и къэхъукъащIэ телъыджэхэр догъэщIагъуэ. ЩIэныгъэкIэ, щIыуэпсым и хабзэхэмкIэ ахэр зэпэтлъыт пэтми, зи щхьэусыгъуэр мыIупщIхэри яхэтщ абыхэм. ЩIыуэпсыр езыр телъыджэщ. Зэм абы зыкърехри и дахагъэм уетхьэкъу, зэми мэгубжьри, и шынагъуагъэм цIыхухэр нэхъри цIыкIу дыщIохъукI. Дахагъэ зыхэтлъагъуэ, гъэщIэгъуэну дызыIуплъэ къэхъукъащIэхэм ящыщу я гугъу тщIынщ дыгъэр щиубыдкIэ дунейм и щытыкIэмрэ лэгъупыкъур къызэрыунэхумрэ. ГъэщIэгъуэнщ а къэхъукъащIэхэм нэгъуэщI къэхъугъуэхэри зэрепхар.

Тхыдэр я гъуазэу

Фэеплъым, фIэщхъуныгъэм, зэкъуэтыныгъэм теухуауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ псалъэмакъ утыку къыщрахьащ иджыблагъэ КъБКъУ-м. Абы щызэхуэсащ республикэм и къулыкъущIапIэхэм, дин лэжьакIуэхэм, жылагъуэм, студентхэм я лIыкIуэхэр. Абыхэм я мурад нэхъыщхьэр ди адэжьхэм зэрахьа лIыгъэр гъэлъэпIэнырт, тхыдэм и пэжыр щIэблэм гурагъэIуэнырт.

Къызэхуэсахэр япэщIыкIэ - «Роль духовенства в Великой Победе» сурэт гъэлъэгъуэныгъэм, итIанэ «Голос Победы» театр теплъэгъуэм еплъащ, иужькIэ бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэм и лъэхъэнэм тхыдэ фэеплъыр хъума зэрыхъунум теухуа зэпсэлъэныгъэ зэIухам хэтащ.

Къэралым ущхьэпэну ухуеймэ…

ПщыхьэщIэ Ахьмэд дзэ Iуэху хэхам къызэрыхэкIыжрэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондым щолажьэ, япэщIыкIэ «социальнэ координатору» щытащ, иджы жылагъуэ проектхэмкIэ унафэщIым и къуэдзэщ. ЩIалэр хэтщ республикэм щекIуэкI «КъБР-м и ЛIыхъужьхэр» Iуэхуми.

ЦIыхуфэр Iувщ

ЦIыху гъащIэр гъэщIэгъуэну зэхэлъщ. Нобэ уи Iуэхухэр фIы дыдэу екIуэкIми, пщэдейрей махуэм къыппигъэплъэнкIэ хъунур пщIэнукъым.   Гугъуехь куэд зи нэгу щIэкIа, а псоми и лъэр щIамыгъащIэу, и гур ирамыуду зи гъащIэ гъуэгуанэр пщIэрэ щIыхьрэ пылъу езыхьэкIыфа бзылъхугъэт Жамбот Къэсей ипхъу Гуащэпс.  Сыт хуэдэу и Iуэхур къемыкIуэкIами, зэи зыми зэхихакъым абы тхьэусыхафэ игъэшу. Арауи къыщIэкIынщ «цIыхуфэр Iувщ» щIыжаIэжари.

КъБР-м щыIэ МВД-м къет

                                                       

КъБР-м щыIэ МВД-м къет

                                       

Сом мелуани 4,5-м щIигъу IэщIахащ

 Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ районым щиIэ къудамэм зыхуигъэзащ илъэс 47-рэ зи ныбжь, щIыпIэм щыпсэум икIи    махуэ зыбжанэ ипэкIэ имыцIыху гуэр абы и деж   псалъэу, езыр   «Роскомнадзор»-м и лэжьакIуэу щыту,     и ахъшэ гъэтIылъыгъэр бзаджащIэхэм IэщIагъэкIыну хэту  къыжриIащ. 

Франджы усакIуэм и лъэIур

Илъэс 205-рэ ипэкIэ дунейм къытехьа Бодлер Шарль мэлыжьыхьым и 9-р и махуэшхуэу щытащ. Адыгэбзэм кърагъэзэгъауэ тхыгъэ куэд зимыIэ франджы усакIуэм и гъащIэ гъэгум дроплъэж.  

КIэщIу

Иджырей пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэ

Шэджэм щIыналъэм и Щхьэлыкъуэ къуажэм щаухуэну пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэм ВТБ банкым и мылъкуу сом мелуан 200 къыщагъэсэбэпынущ, къитащ а IуэхущIапIэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэм.

 ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, пхъэщхьэмыщхьэу тонн мини 5,3-рэ зэуэ щIэхуэнущ абы икIи лэжьыгъэр иригъэжьэнущ 2026 гъэм и кIэхэм.

НОБЭ

Накъыгъэм и 7, махуэку

Радиом, связым и IэнатIэ псоми я лэжьакIуэхэм я махуэщ

Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэр къыщызэрагъэпэща махуэщ

1985 гъэм Налшык Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ.

 1990 гъэм КъБР-м и «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.

1936 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБР-м щIыхь зиIэ и агроном Чэгъэду Владимир.