|
|
Календарь событий
10 мая 2026
10 мая, 2026 - 12:06
Хабзэ зэрыхъуам тету, мы гъэми Урысейм и хэгъэгухэм щатхащ «ТекIуэныгъэм и диктант». А Iуэхум ди республикэри жыджэру хэтащ. Псом хуэмыдэу куэд щызэхуэсащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым, нэгъуэщI еджапIэхэми. Студентхэм нэмыщI, хэкупсагъэр къагъэлъагъуэу Iуэрытхым хэтащ депутатхэр, къулыкъущIэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.
10 мая, 2026 - 11:18
Мы махуэхэм Налшык къалэм щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумым и лэжьыгъэм пещэ. Абхъаз Республикэм къикIа, Урысейм и щIыналъэ 20-м щыщ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ махуэ къэс щIэ гуэр зрагъащIэ, зрагъэцIыху. Ахэр щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм, зрагъэлъэгъуащ ди лъахэм и щIыпIэ дахэхэр, адыгэхэм, балъкъэрхэм я лъэпкъ хабзэмрэ гъэхьэщIэкIэмрэ, щIыналъэ щIалэгъуалэ центрхэм я Iуэху зехьэкIэр, апхуэдэуи ерыскъы IэфIхэр ирагъэшхащ.
10 мая, 2026 - 10:03
1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр зыжьыхэмыуа унагъуэ куэд щыIэу къыщIэкIынкъым. Къэралыр псэзэпылъхьэпIэ щихуа лъэхъэнэм я щIыналъэр яхъумэжыну дэкIащ ди къуажэдэс цIыхухъухэм я нэхъыбапIэри.
|