|
|
Календарь событий
13 мая 2026
13 мая, 2026 - 15:30
Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я жыг хадэгъэкIхэм иужьрей илъэситхум пхъэщхьэмыщхьэмрэ маракIуэ лIэжьыгъуэхэмрэ щIыуэ хухахам и куэдагъым процент 20-кIэ хагъэхъуащ икIи гектар мин 43-м нызэрыхьэсащ. Ди къэралым псори зэхэту абыхэм хухахым я процент 25-рэ мэхъу ар.
2025 гъэм КИФЩI-м и мэкъумэш, фермер IуэхущIапIэхэм пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу кърахьэлIэжам и куэдагъыр япэм щымыIэ бжыгъэхэм хуагъэкIуащ – тонн 1 мелуан. Къэбгъэлъагъуэмэ, 202I гъэм щегъэжьауэ хуэди 2,2-кIэ хагъэхъуащ.
13 мая, 2026 - 15:03
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Телевиденэмрэ радиомрэ я урысейпсо къэрал IуэхущIапIэм (ВГТРК) и къудамэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и лэжьакIуэхэм ар илъэс 35-рэ зэрырикъуамкIэ ехъуэхъуащ.
ВГТРК-м и лэжьакIуэ гупыр IэщIагъэлI нэхъ лъэрызехьэхэр здэщыIэ IуэхущIапIэу къалъытэ икIи а щытхъур яхуэфащэщ. Абы щолажьэ Iулыдж лъагэ зиIэ, къэрал псом къыщацIыху журналистхэр, репортёрхэр, информацэ зэбгрызытыкI и къудамэ псомкIи IэщIагъэлIхэр.
13 мая, 2026 - 14:38
Тыркум интернетыр илъэс 15 иримыкъуа сабийхэм къыщагъэщхьэпэну хуиткъым. Унафэр къэралым и Хасэшхуэм къищтакIэщ. Интернет хэщIапIэхэм къалэн щащI ахэр зи ныбжь иримыкъуа сабийхэм къамыгъэсэбэпыфын хуэдэу, имыхьэфу ящIыну. КъинэмыщIауэ, интернет хэщIапIэ къэс «адэ-анэ кIэлъыплъыныгъэ» жыхуаIэ программэхэр трагъэувэн хуейщ. Сабийхэр щыджэгу платформэхэм къалэн щащIащ махуэ къэс ахэр къэзыгъэщхьэпэ цIыху 100000-р хэт хъунуми зрагъэщIэну.
13 мая, 2026 - 13:33
Накъыгъэм и 13, бэрэжьей
УФ-м и Тенджыз ФIыцIэ флотым и махуэщ
1913 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъубж Мухьэдин.
1924 гъэм къалъхуащ Урысейм и ЛIыхъужь Къардэн Уэхьид.
1939 гъэм къалъхуащ УФ-м пщIэ зиIэ и ухуакIуэ, УФ-м пщIэ зиIэ и гъуэгуухуэ, «Мостстрой» ОО-м и генеральнэ директору лэжьа Джэрыджэ Къанщобий.
13 мая, 2026 - 13:00
Санкт-Петербург дэт «ЭкономикэмкIэ еджапIэ нэхъыщхьэ» лъэпкъ къэхутакIуэ университетым и IэщIагъэлIхэм утыку кърахьащ Налшык къалэ и студент щIалэгъуалэм я деж щрагъэкIуэкIа социологие къэхутэныгъэм кърикIуахэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтым.
13 мая, 2026 - 12:28
Къэрал куэдым я еджагъэшхуэхэм зэрыжаIэмкIэ, хьэршым щыIэ уафэщIхэм ящыщу цIыхухэр мызэкIэ нэхъ здибгъэтIысыкI хъунур ЩIы Хъурейм къедза Мазэрщ е ди планетэм хуэдэу Дыгъэм и хъуреягъыр зэпрызыгъэз Марсырщ.
Пэжщ, ардыдэхэм зэрытрагъэчыныхьымкIи, зи гугъу ящI уафэщIхэм цIыхухэр щрагъэпсых къудей мыхъуу, зэман кIыхьым къриубыдэу щагъэпсэуныр зэкIэ зытегушхуэгъуейщ, а «хэгъэгухэм» я IэмыщIэ зигъэхуэныр хуабжьу зэрыдзыхьщIыгъуэджэм къыхэкIыу.
13 мая, 2026 - 11:20
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хыхьэ «Альтаир» центрым «Лъэпкъым и гуащIэр цIыхубэ зэныбжьэгъугъэм къыщожьэ» щIалэгъуалэ форумыр иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ. Урысей и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым теухуауэ къызэрагъэпэща Iуэхугъуэм КъБКъУ-м ЦIыхухэм дунейпсо щIэныгъэ етынымкIэ еджапIэ нэхъыщхьэм щIэс студенти 100-м нэблагъэ къекIуэлIащ.
13 мая, 2026 - 11:00
Бий гущIэгъуншэм псэемыблэжу щыпэщIэт, я щIыналъэм зэрыхуэпэжыр, къыдалъхуахэм хуаIэ лъагъуныгъэр щагъэунэху зэману щытащ жэщ-махуэ 1418-кIэ екIуэкIа Хэку зауэшхуэр. ТекIужь лъэпкъым щы¬щу щIалибгъу 1941 гъэм зауэм кIуащ. Ахэр Щэуал, зэкъуэшхэу Данилрэ Куржырэ, МуIэзин, Мухьэрбий, ПIытIэ, зэкъуэшхэу Мухьэрбийрэ Хьэутийрэ, Япун сымэщ. Дэтхэнэми, Хэкур бийм щихъумэу, лIыгъэрэ хахуагъэрэ зэрихьащ. А щIалэхэм ящыщу биишэм къелу къэзыгъэзэжар Щэуал и закъуэщ.
13 мая, 2026 - 10:42
27 апреля 2026 г. №71-ПП г. Нальчик
О внесении изменений в состав Совета при Правительстве Кабардино-Балкарской Республики по вопросам попечительства в социальной сфере
Правительство Кабардино-Балкарской Республики п о с т а н о в л я е т:
1. Внести в состав Совета при Правительстве Кабардино-Балкарской Республики по вопросам попечительства в социальной сфере, утвержденный постановлением Правительства Кабардино-Балкарской Республики от 26 апреля 2021 г. № 90-ПП, следующие изменения:
13 мая, 2026 - 09:30
Илъэс 14 хъууэ арат абы щыгъуэ щIалэ цIыкIур… Ар сыхьэтихым щIигъукIэ америкэ сэлэт 400-м япэщIэтауэ щытащ, унэм иримыгъэкIуалIэу. ЛIыгъэ къызэрымыкIуэрэ хахуагъэрэ зыгъэлъэгъуа, 21-нэ лIэщIыгъуэм и нэхъ хахуэ дыдэу къалъыта, тхыдэм къыхэнэжа ныбжьыщIэр Иракым и президенту 1979-2003 гъэхэм щыта Саддам Хъусен и къуэрылъху Мустэфащ.
13 мая, 2026 - 09:18
1922 гъэм Торонтэ къалэм и сымаджэщхэм ящыщ зым сабий гуп щIэлът, махуэ бжыгъэ фIэкIа къахуэмынэжауэ къалъытэу, узыфэ шынагъуэм иубыдауэ. Абыхэм псоми къефыкIыр зы узт – фошыгъу уз хэтIэсам кърикIуа кетоацидоз. Ахэр къезыгъэлын мы дунейм зы хущхъуэгъуэ щыIэтэкъым а зэманым…
Сабийхэм ябгъурыст гузэвэгъуэм зэхуишэурэ къару къызыхуэмынэжа адэ-анэхэр. Псори щымт, сымаджэхэми абыхэм я Iыхьлыхэми гугъэ ямыIэжу зэхэсу арат, ажалым ежьэу.
|