Календарь событий

14 мая 2026

СПОРТ ХЪЫБАРХЭР

ТекIуэныгъэм и махуэм

 «Кэнжэ» спорт комплексым ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ иджыблагъэ дзюдомкIэ щызэхаша республикэ зэхьэзэхуэм щызэпеуащ бэнакIуэу 127-рэ, 2013 гъэм къалъхуахэу.

Щэнхабзэм и хъумакIуэ

Лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ ипэкIэ зыгъэкIуатэхэм, къытщIэхъуэ щIэблэр гъуэгу захуэм тезышэхэм ящыщщ Сатибалхэ Казбек.

ЩIалэм зэрыцlыкlурэ къафэр и псэм хэлъщ, зыпищlын щымыlэу фIыуэ елъагъу къызыхэкIа лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэ псори.  Арагъэнщ иджыпсту зыпэрыт Iуэху дахэм къежьапIэ хуэхъуари, абы 2020 гъэм къэфакIуэ ансамбль къызэригъэпэщауэ школакIуэхэр егъасэ.

ЛIыхъужь нэсхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и щIыхьэпIэ нэхъыщхьэм къыщызэIуахащ гъэ къэс ирагъэкIуэкI хабзэ «ЛIыхъужь нэсхэр» гъэлъэгъуэныгъэр. Ар хуэгъэпсащ ди къэралым Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къызэрыщихьрэ мы гъэм илъэс 81-рэ зэрыхъум. Гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьа сурэтхэмрэ хьэпшыпхэмрэ нэрылъагъу пщащI зауэм лIыгъэ къыщызыгъэлъэгъуа ди лIыхъужьхэм я гъащIэр къызэрекIуэкIар, зауэ гъуэгуанэр къызэракIуар, хахуагъэ яхэлъу бийм зэрыпэщIэтар.

ГъащIэм и тхылъ

Мы дунейм лъэпкъ куэд щопсэу. Дэтхэнэ зы лъэпкъми езым и IуэрыIуатэ фIыгъуэ иIэщ. IуэрыIуатэр ижь-ижьыж зэманым цIыхубэм, лъэпкъым къагупсыса Iуэхугъуэщ. Къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр игъэзащIэу, зэмыфэгъу Iэджэу зэхэлъу лIэщIыгъуэ куэдкIэ къэгъуэгурыкIуащ ар. Абы и ныбжьыр лъэпкъым и ныбжьырагъэнущ. IуэрыIуатэ псалъэр езыр къызэрыригъажьэ «Iуэ» Iыхьэм лексикэ-семантикэ и лъэныкъуэкIэ къикIыр «жыIэ» мыхьэнэр аращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, IуэрыIуатэм къикIыр жыIэрыIуатэщ.

Бгъэжьхэм я тIысыпIэщ

КъухьэпIэ Кавказым и нэхъ псы нэхъ инхэм хабжэ Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ я псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым и аранэ нэхъ папцIапIэм метр 2486-рэ зи лъагагъэу къыхэщхьэхукI Ажэжьбэкъу бгыжь дыкъуакъуэмрэ абы и Iэхэлъахэмрэ туристхэм кIуапIэ зэрахуэхъурэ куэд щIащ.

Iуащхьэр я зэхуаку дэтщ Адыгэ Республикэм щежэх Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ дэс Гъуазэрыплъ (Гузериплъ) къуажэмрэ Лабэ ЦIыкIу и ныджащхьэхэмкIэ урысхэр щитIысыкIа Никитинэ жылэмрэ.

КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ

17 апреля 2026 г.  № 62-ПП     г. Нальчик

О внесении изменений в постановление Правительства Кабардино-Балкарской Республики от 29 января 2024 г. № 15-ПП

Правительство Кабардино-Балкарской Республики п о с т а н о в л я е т:

ГъащIэм и «пэж» шынагъуэхэр

ГъущIо Зариф лъэпкъ литературэм зи лъэужь къыхэзына тхакIуэщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр гъащIэм пэджэжу апхуэдэщ: купщ1э хэлъщ, куэдым урагъэгупсыс. Абы и зы щапхъэщ «ГъащIэм и къежьапIэр лъагъуныгъэрщ...» и поэмэр. Филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къэжэр Иннэ «Лъэпкъ балладэмрэ поэмэмрэ яIэ щхьэхуэныгъэхэр» и лэжьыгъэм усакIуэм а тхыгъэр къызэрехъулIар щызэпкърихащ.

Щыгъыным куэд егъэпщкIу

 Дунейпсо щэнхабзэр мазэ зыбжанэ хъуауэ зыпэплъэ, «ШейтIаным щитIагъэр Прадэщ» фильмым и етIуанэ Iыхьэр кинотеатрхэм хуаутIыпщакIэщ. Стрип Мэрилрэ Хэтэуэй Аннэрэ Iэзэу щыджэгуа япэрейр илъэс 20 зэрырикъуам ищIыIужкIэ, хъыбарым пыпщэ хъунуи къыщIэкIащ.

Фэеплъым и джэрпэджэж макъхэр

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым «Хэку зауэшхуэмрэ лъэпкъ тхыдэмрэ» зи фIэщыгъэ дунейпсо тхыгъэ зэпеуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ.

Фэеплъхэр щахъумэ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыIэщ тхыдэ дэфтэр гъэщIэгъуэнхэр, тхылъхэр, хъыбар зиIэ хьэпшыпхэр, нэгъуэщI куэди щызэхуэхьэса Тхыдэ-лъахэхутэ музей. Дзэлыкъуэ щIыналъэм теухуауэ щыIэ архивыр, тхыдэ хъыбархэр, щIыпIэ телъыджэхэм теухуа тхыгъэ щхьэхуэхэр, сурэт гъэтIылъыгъэхэр, хьэпшып зэхуэмыдэхэр зэхуэхьэсыныр, хъумэныр, цIыхухэм егъэлъагъуныр - аращ музейм и IуэхущIафэхэр зытеухуар. Республикэм, къэрал псом цIэрыIуа щыхъуа цIыху куэд иIэщ мы щIыналъэм. Хэт гъуазджэм хэлъхьэныгъэ хуищIащ, хэт литературэм хэлэжьыхьащ, хэт щIэныгъэм гъуэгу щыпхишащ, хэт Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу хэтащ.

ГъащIэ мытынш

ГъащIэм, гува-щIэхами, дэтхэнэ зы цIыхури егъэунэху. Апхуэдэхэм деж ар йогупсыс гугъуехьхэр зэрымыщIэкIэ къызэрымыхъур, атIэ цIыхум и шыIэныгъэм щыщ ар хъун зэрыхуейм. Адыгэм «ЦIыхуфэр Iувщ, хуэмышэчын Алыхьым къытрилъхьэркъым», - щIыжиIэр арагъэнщ. Куэд зэлъытар цIыхум къэхъур зэрызыхищIэрщ. ГъащIэм и гъурри цIынэри зыхищIэу, гъэунэхуныгъэхэм пхыкIыу, иужьым бынкIэ, лэжьыгъэкIэ, пщIэ игъуэтамкIэ зыIуэтэжа бзылъхугъэщ Багъэтыр (ТеуныкI) Лидэ.

КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ

17 апреля 2026 г.  № 61-ПП     г. Нальчик

О реализации мер по оказанию поддержки льготным категориям граждан на покупку и установку газоиспользующего оборудования, проведение работ при социальной газификации (догазификации) в Кабардино-Балкарской Республике в 2026 году

Ухуэныгъэ хъыбархэр

Школ зэпэщ

«Егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьын» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн районым и Зеикъуэ къуажэм и курыт еджапIэ №3-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Метр зэбгъузэнатIэу 3300-рэ зыубыд а школыр зэраухуэрэ илъэс щэ ныкъуэм щIигъуащ икIи абы лъандэрэ мыпхуэдэ лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIакъым.

НобэкIэ лэжьакIуэхэм еджапIэм пкъыгъуэжьхэр къыпкърахыж, иужькIэ, унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, лъэгухэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIынущ, пэшхэр къращIыкIынущ.

НОБЭ

Накъыгъэм и 14, махуэку

♦1937 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэу щыта Тау Пщыкъан.

♦1945 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Абхъаз Республикэм и япэ президенту щыта Ардзинбэ Владислав.

♦1950 гъэм къалъхуащ композитор, макъамэдж Блай Тамарэ.