Календарь событий

16 мая 2026

ЗэпыщIэныгъэхэр Къэзан щагъэбыдэ

Мы махуэхэм Тэтэрстаным щокIуэкI «Урысей - Ислъам дуней: KazanForum» дуней-псо экономикэ зэхуэсыш-хуэр. Абы  и лэжьыгъэм хэтщ ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Каз­бек. Республикэм и уна­фэщIыр Къэзан лъэтащ зэ­къуэш щIыналъэхэм нэхъ пасэу зэращIылIа зэгуры­Iуэ­ныгъэм ипкъ иткIэ нэгъабэ яутIыпща рейс занщIэм тет кхъухьлъатэмкIэ.

Терроризмэм щэнхабзэр и бийщ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 13-м щекIуэкIащ «Щэнхабзэр терроризмэм и бийщ» зэIущIэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерст­вэм.