Календарь событий

17 мая 2026

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр. Абы щызэпеуащ 2015 гъэм къалъхуа топджэгу ныбжьыщIэхэр, псори зэхэту а щIыналъэм и команди 7. 

КъБР-м щыIэ МВД-м къет

ПцIыр къыщIокIуэж

Урысей МВД-м и Прохладнэ къудамэм и плъыр IэнатIэм зыхуа­гъэзащ гъэпцIакIуэхэм я лей зытехьа, щIыпIэм щыпсэу цIыхубзитIым.  

Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищ­хъэ­рэ къэрал институтым накъыгъэм и 14-м щыпащащ ­«Кинокавказ-2026» V кинофестивалым. ИлъэситIым зэ ­екI­уэкI а Iуэхугъуэр  2018 гъэм къызэ­ригъэпэщащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал инс­титутым, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэ­гъуу. Абы къэрал 16-м, Урысейм щыщу щIыналъэ 65-м я лIы­кIуэхэр хэтщ.

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, адыгэ уэрэдыжьхэм хуэIэкIуэ­лъакIуэу щыта, щIэныгъэлI-IуэрыIуатэдж, тхакIуэ, уэрэджыIакIуэ, драматург, артист ­КъардэнгъущI Зырамыку и фэеплъу. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм.