|
|
Календарь событий
19 мая 2026
19 мая, 2026 - 15:46
Накъыгъэм и 19, гъубж
Урысейм щагъэлъапIэ хущхъуэ зэхэлъхьэным, щэным пыщIа IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэр
Пионер зэгухьэныгъэм и махуэщ
1943 гъэм СССР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и къэрал комитетым Бахъсэн ГЭС-р зэфIэгъэувэжыным теухуа унафэ къищтащ.
1985 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Сабий творчествэм и унэ.
1991 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей лъэпкъым и япэ конгрессыр. Абы и япэ тхьэмадэу хахащ Къалмыкъ Юрэ.
19 мая, 2026 - 14:45
Театрыр акъылымрэ гурыщIэмрэ я «нэхугъэу» жыпIэ хъуну къыщIэкIынщ. Абы жэуап хьэзырхэр къуитыркъым, ауэ упщIэ пэжхэр егъэув. Дунейм и гугъуагъыр уигъэлъагъуурэ, абы и Iэужь хъункIэ хъунухэр зэпкърыуигъэхыурэ, цIыхур гущIэгъум хуегъасэ, езыми жылагъуэми я дежкIэ щыIэ лъапIэныгъэхэр зыхуэдэм ирегъэгупсыс.
Сыт щыгъуэ цIыхур щызэщIэгупсысыкIыжыр, ищIар хъуарэ мыхъуарэ зэпилъыту?! А упщIэм и жэуапыр къыхэщу ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым игъэлъагъуэхэм ящыщщ «ГъащIэм и мазищ» спектаклыр.
19 мая, 2026 - 14:43
СтоматологиемкIэ, жьэпхъэбгъумрэ нэкIумкIэ хирургием и институтым егъэджакIуэу, «Симед» клиникэм ортопед-гнатологыу щолажьэ Бэлагъы Залинэ.
19 мая, 2026 - 12:26
ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа, зи анэдэльхубзэр нэгъэсауэ фIыуэ зыщIэу щыта Къэрмокъуэ Хьэмид тхыгъэ куэди зэридзэкIащ ди тхыдэм теухуауэ. Ахэм язщ Лондон къыщыдэкI «Таймс» газетым и корреспондент Лонгворт Джеймс 1837 гъэм Шэрджэсым къакIуэу адыгэхэм зы илъэсым щIигъукIэ яхэса нэужь, и гукъэкIыжхэр иту къыдигъэкIауэ щыта тхылъыр.
Абы къыхэтха пычыгъуэщ адэкIэ фызыщыдгъэгъуэзэнур.
Шэрджэс лIыкIуэхэр, урыс генералым деж кIуэн ипэ, ди хьэщIэщым къихьащ, тхылъым щIывгъунIа, жари. Тхьэмадэхэм ятхам щIыдгъужынIауэ къыттехуэртэкъым дэ.
19 мая, 2026 - 11:18
Урыс зыплъыхьакIуэ, дзэм хэт географ, генерал-майор Венюков Михаил (I83I-I90I) «Кавказ гукъэкIыжхэр (I86I-I863 гъэхэр)» и фIэщыгъэу IэдакъэщIэкI иIэщ. ТхакIуэм и нэгум щIэкIахэр зэхэгъэжышхуэ хэмылъу и лэжьыгъэм къыщегъэлъагъуэ. «Адыгэхэм Хэкум къинэну Iэмал яIа?» - а упщIэм и жэуапри къелъыхъуэ Венюковым.
19 мая, 2026 - 10:01
ЦIыхум и дуней тетыкIэ хъунур и сабиигъуэм къыщыщIедзэ. ИкIи абыхэм я гъэсэныгъэм теухуауэ къалэнышхуэ ягъэзащIэ сабий гъэсапIэхэм.
19 мая, 2026 - 09:58
Къэралым и цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, абыхэм я шынагъуэншагъэмрэ тыншыпIэмрэ къызэгъэпэщыным, транспорт IэнатIэм зегъэужьыным хуэунэтIауэ лажьэ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Шэрэдж Ищхъэрэ – Жэмтхьэлэ – Сукан-Суу автомобиль гъуэгум ехьэлIа зэгъэпэщыжыныгъэ Iуэхугъуэхэм адэкIи пащэ.
19 мая, 2026 - 09:00
«ПсэкIэ/гукIэ зыхызощIэ», «уи псэм/гум жиIэм едаIуэ»… Апхуэдэ псалъэхэр куэдрэ зэхыдох, философхэмрэ тхакIуэ-усакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр зращIэкIыр зыми имылъагъу псэмрэ цIыхум и Iэпкълъэпкъым нэхъыщхьэ дыдэу хэлъ гумрэщ. Медицинэм и лэжьакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, гур щхьэ куцIым хуэдэу гупсысэфыркъым. Арами, ди нэхъыбэр зэдаIуэр и гум жиIэрщ, атIэ акъылкIэ къыгурыIуэр аракъым. Щхьэ апхуэдэу щыт?
|