Календарь событий

23 мая 2026

Лъэпкъым къыпэщыт къалэнхэр

Ди газетым зэрытетащи, накъыгъэм и 20-м Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Адыгэхэм я щы­гъуэ-щIэж махуэм теухуа «стIол хъурей». ЗэIущIэм щытепсэ­лъыхьащ илъэси 101-кIэ екIуэ­кIа Кавказ зауэм и Iэужьым, щэнхабзэмрэ бзэмрэ нобэ я Iуэху зытетым, Адыгэм и щы­гъуэ махуэр зэрегъэкIуэкIын хуей жыпхъэм, лъэпкъым хуэщ­хьэпэн лэжьыгъэу ди щIэныгъэлIхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я гуащIэ къихьым. 

Лэжьыгъэр зэпыуркъым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек УФ-м и Пра­вительст­вэм щIыналъэхэм зегъэу­жьынымкIэ и комиссэм и президиумым и зэ­IущIэм хэтащ. Ар Мэзкуу щригъэкIуэкIащ вице-премьер Хуснуллин ­Марат. 
ЗэIущIэр теухуат щIыналъэхэм псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэр къызэрагъэщIэ­рэ­щIэжыпхъэ Iэмалхэм, «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» проектымрэ «Ухуэныгъэ» къэ­рал программэмрэ хуаутIыпщ мылъ­кумрэ абыхэм хиубыдэу яухуа объектхэр зэраухуэмрэ. Къинэ­мыщIауэ, хьэку гъэплъыгъуэ пIалъэ иухам тепсэлъы-хьащ, къэб­лагъэ бжьыхьэ-щIымахуэм зэры­зы­хуагъэхьэзыр щIыкIэми я гугъу ящIащ. 

ЩIыналъэм и зыужьыныгъэм хуэгъэпсауэ

«Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм къыщызэрагъэпэщынущ олимп, паралимп джэгухэм хыхьэ спорт лIэужьыгъуэхэм, абыхэм бгы-лыжэ, сноуборд, фристайл, ски-альпинизм хуэдэхэри яхэту, ди спортсменхэм зыщыхуагъэсэну иджырей IуэхущIапIэхэр.

Лей къатехьакъым

Уэшхышхуэ къешхам и зэранкIэ, дыгъуасэ пщэдджы­жьым Шэчэр псыр къыдэкIуейри, псыхъуэ нэпкъым къыщхьэдэуэхащ. Ар къыдэлъэдащ Уэзрэдж къуажэм и Октябрьскэ уэрэмым щыщ зы пакIэм.

ХэкIуэдаи лей къызытехьаи щыIэкъым, къуажэм и ухуэ­ныгъэхэм и зэран екIакъым.
ЩIыпIэм щолажьэ къэхъукъащIэхэм кърикIуахэр пIэ­щIэгъуэ­кIэ зэзыгъэзэхуэж, гъуэгу, коммунальнэ IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлIхэр, район администрацэм и унафэщIхэр.
ЩытыкIэр унафэщIхэм я нэIэ щIэтщ.

Къэбэрдей-Балъкъэрыр фи гъусэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Луганск лъэпкъ республикэм хыхьэ Старобельскэ районым къыщыхъуа гу­зэ­вэгъуэр зылъысахэм яхуэгузэващ. 

Псэ жыгым деж…

Накъыгъэм и 21-м цIыхухэр Налшык гъущI гъуэгу вокзалым деж къыщежьэри, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым кърикIуащ, бзылъхугъэхэм гъыбзэхэр жаIэу, цIыхухъухэм уэрэ­дыжь­хэр къыхадзэурэ.