Календарь событий

30 мая 2026

Тхум щыщу зыр дыщэу

Урысей Федерацэм цIыхухъухэм алыдж-урым бэ­нэкIэмкIэ я чемпионат Суздаль къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ. Апхуэдэуи, ар и фэеплъу щытащ УФ-м и ЛIыхъужь генерал-лейтенант Кутузов Роман. Зэ­хьэ­зэхуэм щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 49-м я спортсмену 250-м нэблагъэ. 

Гъунапкъэм темыплъэкъукIхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысейм и ФСБ-м ­Гъу­нап­къэр хъумэнымкIэ и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­Iэм и лэжьакIуэхэм Гъунапкъэхъумэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ­. 

Зэрагъэкъабзэр зрегъэлъагъу

Герхожан-Суу псым Тырныауз къалэм деж хуэзэу иIэ, ятIэпсхэр бгыхэм щызэтрихьэмэ, къызэрех жапIэр зэрагъэкъабзэр зригъэ­лъэгъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек. Лэжьыгъэхэр жэщ-махуэ имыIэу ирагъэкIуэкI - ятIэр къыдаш, нэпкъым и Iуфэ­хэр ягъэбыдэ.

IэщIагъэм хуэIэзэхэм гулъытэ ягъуэт

Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий лэжьыгъэ IуэхукIэ республикэм къэкIуащ.

IэнатIэм щрагъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ

КъБР-м Узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и министерствэм Налшык дэт къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м дыгъуасэ щригъэкIуэкIащ бл­э­кIа илъэ­сым, мы гъэм и япэ мазищым зэр­ы­лэжьар къыщапщытэжа, адэкIэ я мурадхэр щагъэнэIуа зэIущIэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.