Календарь событий

08 июня 2026

Бахъсэндэсхэм я ехъулIэныгъэхэр

2026 гъэм и накъыгъэм къриубыдэу Бахъсэн къалэм и спортсменхэр зэхьэзэхуэ куэдым хэтащ икIи ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр абыхэм щаIащ.
ЖыпIэнурамэ, Урысей Федерацэм панкратионымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Марий-Эл республикэм и къалащхьэ Йошкар-Ола щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Быф Жэмал и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и гъэсэн Жамолов Аслъэн килограмм 54-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ. Абы и къуэш Данияр етIуанэ щыхъуащ килограмм 50 зи хьэлъагъ гупым я деж. ЩIалэхэр зыхэтар илъэс 15 - 17 зи ныбжь спортсменхэм я зэхьэзэхуэрщ, я тренерыр Щоджэн Артурщ.

КупщIэшхуэ зыпкърылъ псалъэ

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм мымащIэу яхэтщ ныбжьэгъуфI тхуэхъуахэр, зи гупсысэхэмкIэ, Iуэху еплъыкIэхэмкIэ, мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмкIэ къыддэгуашэхэр. Редакцэм иджыблагъэ къыщIыхьа бзылъхугъэр апхуэдэхэм ящщщ. Ар Нарткъалэ дэт курыт школ №4-м илъэс куэд лъандэрэ щылажьэ, адыгэбзэмрэ литературэмрэ щIэблэм езыгъэдж Шыбзыхъуэ Светланэщ. ЕгъэджакIуэ Iэзэр, гъащIэм и пIалъэ фIыуэ зыщIэ цIыху щыпкъэр къытхутопсэлъыхь щапхъэрэ гъуазэу иIэ и анэ Быф (Къущхьэ) Женэ. 

Нартыхур хасэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, республикэм и мэкъумэшыщIэхэм нартыху жылапхъэр хасэн щIадзащ икIи нобэкIэ япэ гектар 850-м ар хагъэзэгъащ. 
ЗэкIэ зэрытраухуамкIэ, нартыху жылапхъэм мы гъэм хухахынущ гектар мини 132,7-рэ. Нэгъабэ ар зытращIам нэхърэ проценти 4-м нэблагъэкIэ нэхъыбэ хъунущ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щащIэ мэкъумэш къэкIыгъэхэм нартыхум увыпIэ хэха щеубыд. ЖыпIэнурамэ, хьэцэпэцэмрэ джэш хъуреймрэ зэхэту щIыуэ ди деж щыхухахым и процент 60-м щIигъур абы ирагъэубыд.

Сабийхэр дихьэхын хуэдэу

Лъэпкъ узэщIакIуэхэм пасэу гу лъатащ щIэблэм щIэныгъэ етын зэрыхуейм. Ахэр абы езышэлIэну зыхузэфIэкIынур ныбжьыщIэхэр дэзыхьэх художественнэ тхыгъэхэрауэ зэрыщытыр япэу гукъэкI зыщIахэм ящыщщ Нэгумэ Шорэ. Анэдэлъхубзэр щаджыну еджапIэм щхьэкIэ абы игъэхьэзырауэ щытащ зэрырагъаджэ тхылъ. Ар ди деж къэсакъым, ауэ шэч къытепхьэ хъунукъым сабийхэм къагурыIуэн, ахэр дэзыхьэхын тхыгъэ цIыкIухэр езым зэхилъхьами, IуэрыIуатэм къыхихами абы зэрыхигъэхьам. Езы щIэныгъэлIыр анэмэт еджапIэм зэман пыухыкIакIэ  щылэжьащ,  икIи пасэу зэхигъэкIауэ щытагъэнущ сабийхэм егъэджыпхъэхэр.

Езэш зымыщIэ

Къуажэм и зэIузэпэщыгъэр куэдкIэ елъытащ абы и унафэщIым. Ар цIыху жыджэрмэ, хэлъэт иIэмэ, жэуаплыныгъэ хэлъмэ, шэч хэмылъу, жылэм зыужьыныгъэ хъарзынэхэр иIэнущ. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэщ Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэ администрацэм и унафэщI ДзыхьмыщI Анзор. Зыпэрыхьэ Iуэхур нэгъэсауэ зэфIэзых, езэш зымыщIэ, жылэм зиужьыным, ефIэкIуэным зи гуащIэшхуэ хэзылъхьэ цIыху телъыджэщ ар. Апхуэдэ и щытыкIэрщ абы къуажэдэсхэм я лъагъуныгъэр къыхуэзыхьари, я пщIэр къезыгъэлэжьари. Абы щыхьэт тохъуэ Тэрчокъуэ - Срыкъуэ Лидэ къытхуитха тхыгъэр.

ПэхуэщIэхэм я къарур

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Новопавловск - Прохладнэ - Мэздэгу автомобиль гъуэгум щхьэпрыкI гъуэгур къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж иджыпсту. Псори зэхэту метр 224-рэ и кIыхьагъщ абы, щIыналъэм дежкIэ социально-экономикэ мыхьэнэ ин иIэщ икIи гъуэгу лэжьакIуэхэм ар къагурыIуэу зыхуагъэувыжа пIалъэм тету я лэжьыгъэм щоужьэрэкI. НобэкIэ гъуэгу Iэтам щIэгъэкъуа сэххэр ягъэбыдэ, бетон зэрыдакIэным хуэдэу, пхъэ зэIулIахэр ягъэув, пкъыгъуэжьхэр къыпкърах.

Адыгэбзэм ича лъэбакъуэщIэ

Тхыбзэм и къарур хэзыгъахъуэ интернетым дэмыгъуэгурыкIуэф бзэм и зэфIэкIыр кIэрыхуну къудейкъым, гупкIэм укъыпыхупэныр шынагъуэщ. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэр а щытыкIэм къикIауэ пхужыIэнущ. 
 Нэхъ пасэу дытепсэлъыхьащ дэ дызэрыпсалъэ бзэ къудамэр Урысейм нэхъ зыщызыужьаи 10-м язу къызэралъытам. Иджы аргуэру зы хъыбарыфI къытIэрыхьащ. Адыгэ республикэм щызекIуэ тхыбзэ къудамэри «Яндекс-зэдзэкIакIуэ» платформэм кърагъэщтащ. Зыуэ щыт адыгэбзэм и къудамитIыр нэхъ быдэу зэрызэрыубыдынум нэмыщI, езы анэдэлъхубзэми IэмалыщIэхэр къыхузэIукIынущ. 

Къалэдэсхэм я тыншыпIэр къызэрагъэпэщ

Гъуэгу лэжьыгъэхэр

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 8, блыщхьэ

Хыхэм я дунейпсо махуэщ
Социальнэ лэжьакIуэм и махуэщ
1946 гъэм
Журналистхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
1966 гъэм СССР-м къыщызэрагъэпэщащ Тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэр хъумэным хуэгъэпса зэгухьэныгъэр.
1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь и журналист, Урысей артиадэм и лауреат МахуэлI Хъаджэт.