Календарь событий

16 июня 2026

Къалэм зиужь зэпытщ

«Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэ иным и фIыгъэкIэ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэхэр зэIузэпщ щащI, щрагъэфIакIуэ зэпытщ. ЖыпIэнурамэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым абы къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр жыджэру щагъэзащIэ икIи илъэс къэс республикэм и щIыпIэ зэпэщхэм я бжыгъэм къыхагъахъуэ, абыхэм я нэхъыбэри ди цIыхухэмрэ хьэщIэхэмрэ кIуапIэ яхуохъу. Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыну яфIэкъэбыл щIыпIэхэр езы къалэдэсхэм къызэрыхахыжыр.

Мэкъумэш классхэм я IуэхукIэ

Бахъсэн къалэм и хъыбархэр
 

Зи зэфIэкIыр лъагэ

Мы гъэм илъэс 50 мэхъу Медицинэ лэжьакIуэм и махуэр ди къэралым зэрыщаубзыхурэ. Мэкъуауэгъуэ мазэм и ещанэ тхьэмахуэ махуэм трагъэхуа а махуэщIым тещIыхьа унафэр а илъэсым къыдэкIауэ щытащ, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэщIым и Iэ щIэлъу, атIэми ар жылагъуэм Iэтауэ щагъэлъэпIэн щыщIадзар нэхъ иужьыIуэкIэщ.

Музахим бинт Асие и хъыбар

Тхьэ закъуэр зи фIэщ хъуа Мусэ (Моисей) бегъымбарымрэ Рамзес ЕтIуанэ фирхьэунымрэ я зэхуаку дэлъа зэпэщIэтыныгъэмрэ, джатэдэпщым лъэпкъым къытригъэхьа леймрэ я хъыбар зэхэфхыжауэ къыщIэкIынщ. Ар нобэм къахьэсащ тхылъ лъапIэхэм. Пасэрей мэжусий тхьэ бжыгъэншэхэр IэщIыб ящIу, цIыхухэм зы Тхьэ закъуэр я фIэщ щыхъуа лъэхъэнэрт ар, илъэс 3200-кIэ узэIэбэкIыжмэ. 

«Адыгэ псалъэр» си Iэпэгъуу

«Адыгэ псалъэ» газетым, абы и къыдэкIыгъуэ нэхъ щIэщыгъуэхэм, журналистхэм я хъэтIым, адыгэ газетыр лъэпкъым папщIэ щыIэн зэрыхуейм теухуауэ Къулъкъужын Ипщэм щыщ нэхъыжьыфI Хъуран Мухьэмэд и гупсысэхэр щхьэпэщ:
Адыгэ цIыхухэм - адыгэ газетыр

Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм куэд я пщэ къыдохуэ

Зэманыр шэрхъщи, мэкIэрахъуэ, жеIэ адыгэ псалъэжьым. Ар кIуэтэху зэхъуэкIыныгъэщIэхэр къыздехь, цIыху щхьэхуэми, жылагъуэми, къэралми къалэныщIэхэр къыхуегъэув.

Лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэм зыщегъэужьыным, республикэм и тхыдэ, щэнхабзэ щIэинхэм, щIыпIэ телъыджэхэм уахуэзышэ автомобиль гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэным ехьэлIа лэжьыгъэхэм мы гъэми пащэ, а IэнатIэр ирагъэфIэкIуэнущ, лъэныкъуэ куэд къызэщIрагъэубыдэу, къитащ иджыблагъэ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. 

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 16, гъубж

1931 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Хьэжмэт Хьэсэн.
1940 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Къумахуэ Владимир.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 25 - 26-рэ, жэщым градус 16 – 17 щыхъунущ.