Календарь событий

18 июня 2026

Гуащэ телъыджэхэр зи IэрыкI

Иджыблагъэ и Хэкужь щыхьэщIащ Каппадокие щIыпIэм (Тырку) Тхыдэмрэ гъуазджэмрэ я музей къыщызэIузыха Гуэбэл Сибел (Езауэхэ я пхъурылъхущ). Сибел Тыркум щыпсэу адыгэ бзылъхугъэ щыпкъэщ, лъэпкъым ирагъэбгына щIыналъэр нэхъыжьхэм фIыуэ зрагъэлъэгъуахэм ящыщщ, IэпэIэсэщ. Ар, и къуэ Серканрэ ипхъу Селдэрэ и гъусэу Налшык щыхьэщIащ. Абыхэм дазэрыIущIам хэхэс гъащIэм иджыри зэ дыхигъэплъащ, Сибел хуэдэ хэкупсэхэр диIэху, адыгэр зэрыпсэунур ди фIэщ ищIащ, хамэ щIыпIэм къыщыхута адыгэхэм я псэм игъэвам щыщ зы Iыхьэ щыгъуазэ дыхъуащ.

УсакIуэм теухуауэ литературэджым жиIэр

Адыгэ усакIуэ пажэхэм ящыщ Тхьэгъэзит Зубер псалъэм и къарур усыгъэм къызэрыщигъэлъэгъуам, усэбзэр цIыхугум зэрешыкъылIэм щыхьэт техъуэ тхыгъэ итхащ филологие щIэныгъэхэм я доктор ХЬЭВЖОКЪУЭ Людмилэ. УсакIуэм и хъэтIым и щхьэхуэныгъэр, и сатырхэр нэхъыбэу зытегъэпсыхьар къигъэлъэгъуащи, «Лъэпкъым и гум къипсэлъыкI усакIуэ» тхыгъэм дыкъевгъаджэ:

Хэтми – япэ къэса жьакIуэр

Хэку джэгуакIуэу къыщIэмыкI,

Тхьэм и лIыкIуэмэ усакIуэр,

Уэрий дадэ теухуауэ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Хъыжьрокъуэ Уэрий 1637 гъэм е 1639-м дунейм къытехьащ, Къэбэрдей щIыналъэм и къуэпсыр иубгъун щыщIидза Махуэгъэпс къуажэм. Дызытепсэлъыхь лIыхъужьыр зэрыцIыкIурэ и адэ-анэм хуагъэсащ лIыгъэм, щэныфIагъым, хабзэм, диным. Хъыжьрокъуэ Уэрий иджыри щIалэщIэу Уэсмэн къэралыгъуэжьым, Мысыр щIыналъэм, диным щыхуеджэну ягъэкIуэгъащ. Абы щыпсэу Адыгэ мамлюкхэм ящыщ зы цIыхугъэ къыхуэхъури, и къалэныр екIурэ-ещхьу кърихьэлIащ.

Хэкупсагъэр сыт зищIысыр?!

Урысей жылагъуэм хэкупсагъэр нобэ зэи хуэмыдэжу щылъагэщ. ЦIыхухэр я къэралым щегупсыскIэ нэхъыбэу зыхащIэр пагагъэщ, лъагъуныгъэщ, фIэщхъуныгъэщ. Жылагъуэ Iуэху еплъыкIэр къэпщытэнымкIэ урысейпсо центрым (ВЦИОМ) иригъэкIуэкIа щIэупщIэм кърикIуахэм аращ къагъэлъагъуэр.

2026 гъэм накъыгъэм и 31 пщIондэ IуэхущIапIэм иригъэкIуэкIа щIэупщIэм хэтащ зи ныбжьыр илъэс 18-м къыщыщIэдзауэ цIыху 1600-рэ. Зэрыпагэр къагъэлъэгъуащ процент 41-м, я Хэкур фIыуэ зэралъагъур - процент 39-м, я фIэщхъуныгъэ зэрырапхыр - процент 37-м.

Сыт хэкIыпIэр?

Уи бзэр бзууэ пIэщIэкIамэ,

КIэлъылъати - къэпхъуэтэж.

Ар уи щIэблэм Iурыпчамэ,

КъэтIи мащэ, итIысхьэж.

ПкъыгъуэщIэ хьэмэрэ?!

Ирландием щыIэ Лимерик къалэм дэт университетым и щIэныгъэлIхэм къахутащ цIыху Iэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэщIэ! Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, кIэтIийр земыжэу зыIыгъ щэ хъар пIащIэр пкъыгъуэ щхьэхуэу къалъытащ. ЦIыху Iэпкълъэпкъым и ухуэкIэм теухуауэ алъандэрэ щIэныгъэм къитIэщIам щIэныгъэлIхэр ириплъэжын хуей хъуащ а къэхутэныгъэм иужькIэ.

Анатомхэмрэ дохутырхэмрэ, дауи, ящIэрт ныбэм щэ хъар зэрилъыр, ауэ ар пкъыгъуэ щхьэхуэ мыхъуу, пытхъахуэ-пытхъахуэу зэхэлъу, зыхуэлажьэри мыгурыIуэгъуэу къалъытэрт.

Сыт-тIэ, ар зищIысыр?

Адыгэм и хъуэхъуэкIэр

Адыгэм фадэбжьэ къиIэту щытакъым, хъуэхъу трижи­мыIыхьу, ар сыт хуэдэ Iуэхугъyэм къыхуащтауэ щытми. Зэрыхабзэти, фадэбжьэм нэхъыжьыр техъуэхъухьырт, нэгъуэщI зыгуэрым иритырти иригъафэрт. Хъуахъуэу езыр ефэжу хабзэтэкъым. Зритар ефа нэужь къритыжырти, итIанэт хъуэхъуар щефэр. «Хъуахъуэрэ ефэжмэ, джылахъ­стэнейщ», - жаlэу а псалъэр къыщlежьари аращ.

УзэщIакIуэ цIэрыIуэ

Кавказ зауэм и лъэхъэнэм псэукIэм теухуауэ къэралыгъуэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм я зэранкIэ, бгырыс лъэпкъхэм хэпщIыкIыу Iэпэдэгъэлэл яфIохъу щIэныгъэм, щэнхабзэм зегъэужьыныр. А Iуэхум и щытыкIэр нэсу зыщIэ адыгэ щIэныгъэлIхэм ящыщ зым абы теухуауэ мыр итхыгъащ: «ЕгъэджакIуэхэм лэжьэн щыщIадза зэман хьэлъэр уигу къэбгъэкIыжмэ, тыншу къыбгурыIуэнущ сыт хуэдэ гугъуехьхэм ахэр пэщIэтын хуей хъуами… Абы щыгъуэ реформэ инхэр екIуэкIырт, мэкъумэшыщIэхэр щхьэхуит щIыжыныр, налог къыхэхыныр, унагъуэ къалэнхэр убзыхуныр, къуажэхэр гъэIэпхъуэныр, н.къ.

ХьэгъуэлIыгъуэ дауэдапщэхэм епха хабзэхэр

Дэтхэнэ лъэпкъми ар къызэращIэ, зэрызэхацIыхукI хабзэ иIэщ. Хабзэр лъэпкъым и набдзэщ, и нэмысщ, и гъащIэ гъуазэщ. Адыгэ хабзэр илъэс минхэм къыпхырыкIа, гужьеигъуэми кIуэдыпIэми сыт щыгъуи дыкъизыша лъэпкъ фIыгъуэщ. Ауэ хабзэ псори къызэрежьауэ ди деж къэса жыпIэмэ… Хьэуэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгэм зэрихьэу щыта хабзэ дахэ куэд лъэпкъым и щIыбагъым къыдэнащ.

КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ

29 мая 2026 г.  № 86-ПП     г. Нальчик

О внесении изменений в постановление Правительства Кабардино-Балкарской Республики от 5 октября 2016 г. № 181-ПП  

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 18,  махуэку

♦1956 гъэм Налшык музыкэ училищэ къыщызэIуахащ.

♦1940 гъэм къалъхуащ сурэтыщI Индрис Залымхъан.

♦1956 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Ало Владимир.

Дунейм и щытыкIэнур