|
|
Календарь событий
21 июня 2026
21 июня, 2026 - 15:52
Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм экономикэ щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ «Интер» ООО-м и унафэщI Мовян М.В. илэжь хабзэншагъэр.
21 июня, 2026 - 14:51
Бабугент жылэм дэт, Батчаевэ Р. и цIэр зезыхьэ курыт школым щекIуэкIащ «Сыт хэкупсагъэр зищIысыр?» зыфIаща «стIол хъурейр».
21 июня, 2026 - 13:48
Сабий садхэм екIуалIэ цIыкIухэм зыщагъэпсэху утыкухэр, дызэрыщыгъуазэщи, щхъуэкIэплъыкIэу ялэ, хъыринэ, бгы IэрыщI цIыкIу, нэгъуэщI-къинэмыщIхэмкIэ ягъэбей.
21 июня, 2026 - 12:41
ЦIыхухэм я узыншагъэр хъумэныр, абыхэм я гъащIэр къегъэлыныр IэщIагъэу къыхэзыха дохутыр Iэзэщ НафIэдз Ислъам Олег и къуэр. Жэуаплыныгъэшхуэ и пщэ къызэрыдэхуэр зыхищIэу, и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным сытым дежи хущIэкъуу пэрытщ ар и IэнатIэм. Зыхэт гупми сымаджэхэми ядеж зи пщIэр щылъагэ, фIыщIэрэ щытхъу псалъэ куэдрэ зыхужаIэ щIалэм теухуащ Балъкъэр Ипщэ къуажэм щыщ, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт Темукуев Адиль и тхыгъэр.
21 июня, 2026 - 10:40
СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым 1980 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м унафэ къищтауэ щытащ Медицинэм и лэжьакIуэм и махуэ ягъэувыну. Абы щегъэжьауэ, илъэс 46-рэ хъуащи, мэкъуауэгъуэм и ещанэ тхьэмахуэ махуэм ягъэлъапIэ цIыхухэм я узыншагъэр, гъащIэр хъумэн IэнатIэм пэрытхэр.
|