|
|
Календарь событий
23 июня 2026
23 июня, 2026 - 18:39
Къэбэрдей-шэрджэс литературэм и жьантIэр хуэфащэу зылъыса ди тхакIуэ нэхъыжьхэм ящыщ зыщ Теунэ Хьэчим Исхьэкъ и къуэр (1912–1983). Ар адыгэ литературэм Хэку зауэшхуэм ипэ илъэсхэм къыхыхьа ди прозэм и зэхэублакIуэщ.
23 июня, 2026 - 18:00
ЩIыбым дэт музей
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» къэрал пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щIыбым дэт музей япэу къыщызэIуахынущ.
23 июня, 2026 - 17:53
Адыгэ IуэрыIуатэхутэ КъардэнгъущI Зырамыку къызэринэкIа и тхыгъэхэм яхэтщ щIакIуэ кIапэм теухуауэ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн. Абы теухуауэ IуэрыIуэтэжу ди лъэхъэнэм къэсахэр япэ дыдэу зэхуэзыхьэсар аращ, щIакIуэ кIапэм хабзэ щхьэхуэхэр епхауэ къызэрыгъуэгурыкIуар тегъэчыныхьауэ япэу жызыIари аращ. «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм папщIэ щIэныгъэлIым и къалэмыпэ къыщIэкIа тхыгъэр къитлъхьэныр игъуэу къэтлъытащ, абы хэлъ Iуэху еплъыкIэм иIэ тхыдэ икIи щэнхабзэ мыхьэнэр къэтлъытэри.
23 июня, 2026 - 15:51
Мы гъэм илъэси 125-рэ ирокъу япэ адыгэ пьесэр дунейм къызэрытехьэрэ. Адыгэ узэщIакIуэхэм драматическэ жанрым гу зэрылъатауэ щытам, апхуэдэуи я творчествэм а гъэпсыкIэ хэхар къыщагъэсэбэпу зэрыхуежьам и щапхъэ нэрылъагъуу къалъытэ Ахъмэтыкъуэ Юрэ Къазбэч и къуэм (ар икIи Хьэжылъашэ Мыхьэмэт Къазийщ) (1870-1929) и тхыгъэхэр. Адыгэ пьесэм щIэдзапIэ хуэхъуа а Iуэхугъуэм топсэлъыхь филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м и доцент Абазэ Албэч.
23 июня, 2026 - 15:15
«Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн щIыналъэм и Къубэ-Тэбэ къуажэм и жыг хадэ цIыкIур къагъэщIэрэщIэж.
23 июня, 2026 - 14:00
Къэхутэныгъэ телъыджэ иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ инджылыз щIэныгъэлIхэм. Языныкъуэ цIыхухэм, лIа нэужь, щIым щIалъхьэ мыхъуу, ягъэсмэ нэхъ къащтэ. Мис апхуэдэ щIыкIэкIэ кIуэдыжахэм я сахуэм зы хьэдзэ цIыкIу къыхэнэрт, мафIэм имысауэ. Ар кIапцIэм къыхэна мэскъалт. А хьэдзэр яджа нэужь щIэныгъэлIхэм къагурыIуащ абы иджыри «гъащIэ зэрыхэлъыр»…
23 июня, 2026 - 11:52
(Гупсысэ зэхэджахэм къагъэщIа тхыгъэ)
23 июня, 2026 - 11:18
Ректорхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэр я дэIэпыкъуэгъуу Москва щекIуэкIащ «Урысей егъэджэныгъэм и къалэнищ» форум иныр. Мы гъэм абы хэтахэр куэдкIэ нэхъыбэт, IэщIагъэлIхэр щIыналъэ куэдым къикIат.
23 июня, 2026 - 07:43
Мэкъуауэгъуэм и 23, гъубж
Дунейпсо Олимп махуэщ
ООН-м къэрал къулыкъу щыщIэным и дунейпсо махуэщ
1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат КIэмыргуей Валентин.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 28-рэ, жэщым градус 15 - 18 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 3-кIэ зихъуэжынущ.
|