Календарь событий

24 июня 2026

Япэ игъэщыпхъэхэм топсэлъыхь

Бахъсэн щIыналъэм и щIалэгъуалэ центрым и конференц-пэшым иджыблагъэ щекIуэкIащ жылагъуэ администрацэхэм ныбжьыщIэхэм ядэлажьэу щыIэ IэщIагъэлIхэм я зэIущIэ.

Кэнжэ и уэрам зэпэщхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм республикэм и муниципалитетхэм яхуиутIыпща мылъкумкIэ Налшык къалэ округым хыхьэ Кэнжэ къуажэм и автомобиль гъуэгухэмрэ уэрамхэмрэ къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Абыхэм псори зэхэту километри 9-м нэблагъэ я кIыхьагъщ. 
Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI уэрамхэмрэ гъуэгухэмрэ ящыщщ Бэрэгъуным, Ворошиловым, КIэш зэкъуэшхэм, Ахъуэхъум, Блэныхьым, Андреевым я цIэхэр зезыхьэхэр, Колхознэмрэ Каховскэмрэ. 

Нэгъабэ нэхърэ нэхъыбэу

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2026 гъэм и щIышылэм – накъыгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм мэлылрэ бжэнылу къалэжьащ (псэууэ шэчауэ) тонн мин 1,1-рэ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 29,6-кIэ нэхъыбэщ ар.
Къыхэбгъэщмэ, дызыхэт илъэсым и мазитхум къриубыдэу республикэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм лырэ джэдкъазылу къалэжьар (псэууэ шэчауэ) тонн мин I9,6-рэ хъуащ, абы щыщу тонн мин I6-м нэблагъэр джэдкъазылу.

ЗэфIагъэкIахэм арэзы техъуащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзоррэ Бахъсэн щIыналъэм и Iэтащхьэ Абрэдж Iэдибрэ зыщагъэгъуэзащ «Егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ районым и жылэхэм къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыж курыт еджапIэхэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм. 
ЯпэщIыкIэ ахэр щыIащ Жанхъуэтекъуэ и сабий садым икIи зрагъэлъэгъуащ абы и пэш кIуэцIхэр къызэрыращIыкIа, IуплъапIэр зэIузэпэщ зэращIа щIыкIэхэр.

Ветеранхэм я зэIущIэ

Налшык къалэм 2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 19 - 20-хэм щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Ставрополь краймрэ я прокуратурэхэм я ветеран IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм я зэIущIэ. 

ЩIыналъэхэм ирагъэгъуэт теплъэхэр

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Тэрч щIыналъэм и Дей – Акъбащ Ипщэ – Терекскэ автомобиль гъуэгум хыхьэ, Белоглинскэ къуажэм ПащIэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм.
Лэжьыгъэхэм хиубыдэу гъуэгубгъум ирикIуэу пкъохэр щагъэуващ, лъэс лъагъуэхэр зыхуей хуагъэзащ, мывэхэмкIи кърагъэбыдэкIыжащ. Иджыпсту, гъуэгум и лъабжьэр зэтес ящI, ягъэбыдэ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI щIыналъэ гъуэгу фондым и мылъкукIэ икIи мы гъэмахуэм ахэр зэфIагъэкIынущ. 

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 24, бэрэжьей
ТекIуэныгъэм и Парадыр щекIуэкIа махуэщ. I945 гъэм Москва и Утыку Плъыжьым ирикIуащ СССР-р Германием зэрытекIуам и щIыхькIэ къызэрагъэпэща парадыр.
1923 гъэм
къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, УФ-ми АР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ КIэрашэ Зейнаб.
1936 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор, УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр АфIэунэ Алий.

Губгъуэжыхапхъэр гъэкIуэдыгъуейщ

ЦIыху куэд зыгъэсымаджэ губгъуэжыхапхъэр (амброзиер) Америкэ Ищхъэрэм нащэгъэбагъуэ жылэм хэлъу кърашри, Европэм къагъэIэпхъуа хъуащ I873 гъэм. Удзым псынщIэ дыдэу зиубгъуу, и зэранышхуи цIыхум къекIыу къыщIэкIащ. 
Губгъуэжыхапхъэр щыкуэдщ Европэми, Америкэ Ипщэми Ищхъэрэми, Африкэ Ищхъэрэми, Азиеми. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, абы адэкIэ зиубгъунущ. 

Джэдкъазым я бжыгъэм хохъуэ

2026 гъэм накъыгъэм и I-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту джэдкъазу мелуани 5-м щIигъу яIэу ятхащ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент I,2-кIэ нэхъыбэщ ар, къитащ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм.

Плъыфэ дахэу зэхэт къэлътмакъхэр

Сыт хуэдэ зэманми цIыху IэпщIэлъапщIэхэм я зэфIэкIыр жылагъуэм щалъытэу къекIуэкIащ. Ди лъэпкъыр къэтщтэнщи, а Iуэхум мыхьэнэшхуэ иратырт: щысабийм щрагъажьэрти, я щIэблэр IэпэIэсагъэм хуагъасэрт. Хъыджэбз цIыкIухэр Iэмал имыIэу дэн-бзэным, хэдыкIым, дыщэидэм, цы зэрыхъэм, уагъэ зэIущэным хагъэгъуазэрт. ЩIалэ цIыкIухэри фащIэ, пхъащIэ, нэгъуэщI IэщIагъэхэми хуэIэрыхуэу къагъэхъурт.

Дыгъэр и «пIэм» щиуджыхькIэ

БлэкIа жыжьэм псэуахэми гу зэрылъатауэ, гъэм и кIыхьагъкIэ Дыгъэм и зыгъэзэкIэм зехъуэж, щIымахуэм дызэригъэхуабэ щымыIэми, гъэмахуэм лъагэу уафэм зыщиIэтрэ и бзий нэхухэмкIэ къыдэгуэпылIэу. 
ЩIэныгъэлIхэми зэрыжаIэу, ахэр псори зэлъытэжар ЩIы Хъурейр зэкIэрэхъуэкIыж и джэлэсымрэ Дыгъэр здэщыIэмрэ я зэхущытыкIэм илъэс псом и кIуэцIкIэ зэрызихъуэжырщ. 

ЗэфIэкI зиIа артист, къулыкъущIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Абхъазым я ЩIыхь тхылъхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Абхъаз Республикэм, Урысей Федерацэм ГъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ цIэр, «Ныбжьэгъугъэм и орденыр» къыхуагъэфэщауэ щытащ Фырэ Руслан. Театреплъхэм я гум дыхьэу игъэуващ спектакль куэд. Фырэм «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ», «Уэшх зыщэ», «Кукарача», «Унэ лъапIэ», нэгъуэщI и режиссёр лэжьыгъэхэми щыпхишащ гъащIэм къигъэув упщIэ нэхъыщхьэхэм япэджэж гупсысэхэр.

Хэт нэхъыфIу машинэ къезыхуэкIыр?

Рулым дэс цIыхубзхэм щхьэкIэ «номи­ным лагъым иратащ» жаIэу, щIонакIэ цIыхухъухэр. ЦIыхубзхэмрэ маши­нэ­хэмрэ зэмызэгъыу жызыIэ цIыхухъухэм гъуэгу насыпыншагъэ нэхъ мащIэ къа­гъэ­хъуркъым. Арами, яфIэфIщ щIалэ­хэм бзылъхугъэхэм ящыдыхьэшхыурэ ягъэ­бэмпIэну. Абы теухуауэ зы хъыбар…