Календарь событий

25 июня 2026

СВО-м хэтхэм зыщIагъакъуэ

Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм дзэ Iуэху хэхам хэтхэр нэхъ зыхуэныкъуэхэр хурагъэшащ. 

ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу

Хэку зауэшхуэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ къыщагъэлъэгъуащ ди щIыналъэм щыщ щIалэ куэдым. Къэралым и щхьэхуитыныгъэм, цIыхухэм я мамыр псэукIэм я къаруи гуащIи щымысхьу щIэбэнащ ахэр. Куэдми я гъащIэр халъхьащ а зауэм. Абы лъандэрэ илъэс 85-м щIигъу дэкIыжами, цIыхухэм ящыгъупщакъым абыхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр, абыхэм я фэеплъыр щIэблэм яхъумэ. Апхуэдэ зы лIыхъужьщ Мэсей Даянэ и тхыгъэр зытеухуар. 

КъэтIэщIыжынри Iуэхушхуэщ

Ди адэжьхэм ящыщ куэдыр иджырей Осетие Ищхъэрэ – Аланием и къуршылъэ жьанэхэм нэсыху щыIэ щIыгуми зэрытесар къозыгъащIэщ, тхыдэтххэм къызэранэкIа я тхыгъэхэм я мызакъуэу, ди лъэпкъым къыхэкIа лъахэдж гумызагъэхэм зэхуахьэсыжахэри. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, лIэщIыгъуитI ипэкIэ а лъэныкъуэмкIэ къыщагъэсэбэпу щыта щIыпIэцIэхэри. 

Щыуагъэхэр

Сабийм и Iэпкълъэпкъым ныкъусаныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къефыкIыу дунейм къыщытехьэ щыIэщ, нынур набдзэгубдзаплъэу зэпумыплъыхьми, къефыкIыр нэрылъагъуу. Абыхэм ящыщщ пщэ Iушэр, тхыцIэ зэмыпцIар, Iэпхъуамбэ, лъэпхъуамбэ лейхэр, кIапэ зыпытхэр, гидроцефалиер, нэгъуэщIхэри. Сыт ахэр къызыхэкIыр, щхьэ ныбэрылъым и Iэпкълъэпкъым апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр игъуэтрэ? 

Гъатхасэр зэфIагъэкIащ

Мэкъумэш хъыбархэр

Псы есынымкIэ зэпеуэ

Спорт хъыбархэр

Зэрызэхэлъри къыпхуэхутэнущ

Астрофизикхэм я къэпщытэныгъэхэм щыпащэкIэ, къызэралъытэу, къахуэщхьэпэнущ Шыхулъагъуэ (Млечный путь) галактикэм и кум алъандэрэ щамылъэгъуу къыщекIуэкIа пкъыгъуэ абрагъуэм япон щIэныгъэлIхэр иджыблагъэ «зэрыщрихьэлIар». 

Псэм къехуэбылIэ фэеплъ

ЦIыхур и блэкIам пызыщIэж къуэпсыр махэщ. Псэр зыгъэпIейтей гукъэкIыжхэр псом нэхъ хуабэ зыщIри а махагъэрауэ къыщIэкIынущ. Апхуэдэ гукъэкIыжхэр уи псэр зыхэзыщIа цIыхум епхамэ, ахэр псом хуэмыдэжу лъапIэщ. ГукъэкIыжхэр гъуэгугъэлъагъуэ щыхъур абы щыгъуэщ – ахэр узэплъэкIыжурэ уи нэгу щIэкIыжу аракъым, атIэ пщIыгъущ, пщыщщ, махуэ къэс уапсыхь. Журналист, КъБКъУ-м и егъэджакIуэ Битокъу Маринэ Цагъуэ Нурийрэ Дым Iэдэмрэ зэдатхауэ щыта букварым и хъыбарым дыщигъэгъуэзащ. Абы драгъэгупсысащ гукъэкIыжым, фэеплъым, дыгъуасэмрэ нобэмрэ я зэхуаку дэлъым.

МыкIуэдыжын лъэужь

ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и къалэмыпэм къыщIэкIащ къэбэрдей литературэм лъэбакъуэщIэ езыгъэча тхыгъэ купщIафIэ куэд – усэхэр, поэмэхэр, рассказхэр, повестхэр. Абыхэм я нэхъыбапIэм ди литературэм и тхыдэм жьантIэр къащылъос, абы и лъагапIэхэм, и ехъулIэныгъэхэм ящыщ хъуащ. Абы и зэфIэкIым и щыхьэтщ цIыху цIэрыIуэхэм абы хужаIауэ щытахэр.

Хэкур зыхъумэу хэкIуэдахэм я фэеплъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэр, ветеранхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ хэтащ «Фэеплъым и нэху уэздыгъэ» урысейпсо акцэм.

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 25, махуэку

ХыдзэлIым и дунейпсо махуэщ 
Славянхэм я зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я махуэщ

1939 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Тимирязевым и цIэр зезыхьэ академием и профессор, КъШР-мрэ КъБР-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Агъырбэ Юрэ. 
1941 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, журналист Нэхей Руслан.