|
|
Календарь событий
30 июня 2026
30 июня, 2026 - 17:24
2026 гъэм Дзэлыкъуэ районым и курыт еджапIэрэ сабий саду 7 къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ. Абы хиубыдэнущ Псынэдахэ, Сэрмакъ, Дзэлыкъуэкъуажэ, Дзэлыкъуэдэс, Каменномост къуажэхэм я школхэмрэ Малкэ жылэм и сабий садымрэ. Курыт еджапIэхэм яхэтщ зы къат фIэкIа мыхъуи, нэхъыбэу зэтетхэри икIи абыхэм я нэхъ инхэм лэжьыгъэхэр илъэситIкIэ щрагъэкIуэкIынущ.
30 июня, 2026 - 16:16
УсакIуэ, тхакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн и «Гурылъ темыпыIэхэм» гурыщIэ IэфIхэмрэ гур хэзыгъахъуэ дахагъэмрэ лъабжьэ яхуищIащ. Теплъэгъуэ кIэщIурэ зэхэлъ а тхыгъэ цIыкIухэм къызэрыгуэкI махуэхэм гу зылъыдмытэ Iэджэм ди гупсысэхэр хуагъакIуэ.
* * *
- Сыт апхуэдизу къэплъыхъуэр? Махуэ псом умыувыIэу удз гъэгъахэр щIыбопщытыкI, уи нэм дунейр зи инагъыр къеплъыхь, жэщ хъуамэ, вагъуэхэм фIэкIа Iуэху уиIэкъым, «Мыбы нэхърэ мор нэхъ дахэжщ», - жыпIэу. Сыт апхуэдизу къэплъыхъуэр?
30 июня, 2026 - 15:26
УФ-м Экономистым и махуэр гъэ къэс мэкъуауэгъуэм и 30-м щагъэлъапIэ. Гулъытэ хэха хуащI щыхъуар I9I7 гъэм къыщыщIэдзауэщ. И къэунэхукIэр хуахь а илъэс дыдэм ди къэралым ФинансхэмкIэ цIыхубэ комиссариат къыщызэрагъэпэщауэ зэрыщытам.
Алыдж псалъэ «экономикэ» - м къикIыр «унагъуэр тэмэму зехьэн» жыхуиIэрщ. А фIэщыгъэр япэу къыщагъэсэбэпар, зэрыхуагъэфащэмкIэ, ди эрэм ипэкIэ IV лIэщIыгъуэм икухэрщ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, лъэхъэнэ жыжьэхэм псэуахэми лъапсэр зыхуей хуэгъэзэным, унагъуэр зехьэным мыхьэнэ ин ирату щытащ.
30 июня, 2026 - 15:22
Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, республикэм джэш хъурейр щыIуахыж мы зэманым икIи ахэр зыгъэфIэIухэм банкIхэм иралъхьэурэ траIуантIэ. Мы илъэсым а мэкъумэш къэкIыгъэм, нэгъаби хуэдэу, хухахащ гектар мини 5-м нэблагъэ.
НобэкIэ, КъБР-м и район администрацэхэм щыIэ управленэхэм къызэратамкIэ, джэш хъурейр къытрахыжащ гектар 900-м. Къыхэдгъэщынщи, ар нэхъыбэу зыщIар консерв заводхэрщ икIи елэжьри езыхэрщ.
30 июня, 2026 - 14:24
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щиIэ егъэджэныгъэ-щIэныгъэ центрым «Университет зэблэкIыгъуэхэр» зи фIэщыгъэ къэрал программэм ипкъ иткIэ «ЩIэныгъэр зи гъусэ зыгъэпсэхугъуэхэр» («Каникулы со Знанием») зи фIэщыгъэ ЕтIуанэ щIэныгъэ-узэщIакIуэ щIэнIуатэр иджыблагъэ щекIуэкIащ.
30 июня, 2026 - 13:22
2026 гъэм и щIышылэм – мэлыжьыхьым Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ индексыр проценти 112,3-рэ хъуащ.
30 июня, 2026 - 12:26
Мэкъуауэгъуэм и 30, гъубж
Парламентаризмэм и дунейпсо махуэщ
Астероидым и дунейпсо махуэщ
1908 гъэм Бахъсэн, Дзэлыкъуэ мэкъумэшыщIэхэм зыкъаIэтащ.
1891 гъэм къалъхуащ шыхъуэ цIэрыIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Щоджэн ТIэлашэ.
1945 гъэм къалъхуащ Канадэм щыщ профессор, адыгэбзэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, нарт эпосым тетхыхьа Коларуссо Джон.
30 июня, 2026 - 11:18
Да Винчи Леонардэ и къалэмыпэм къыщIэкIащ щIагъыбзэ куу зыщIэлъ псысэ, хъыбар кIэщI цIыкIухэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми къыщыгъэлъэгъуар махуэ къэс ди гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэ гуэрщ. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ абыхэм ящыщ зыбжанэ. Ахэр зэридзэкIащ тхакIуэ Хьэту Пётр.
Мывэмрэ гъуэгумрэ
30 июня, 2026 - 10:21
Зауэ зэманым, абы иужь лъэхъэнэм зи сабиигъуэр хиубыдахэм гугъуехь куэд я нэгу щIэкIащ. Ауэ а ялъэгъуа псоми къызэфIимыгъащIэу, атIэ абыхэм япсыхьауэ зи гъащIэр зыухуахэр мымащIэу яхэтщ абыхэм. Апхуэдэ зыщ Маммеевэ Жанетэ и тхыгъэр зытриухуа ЦIыпIынэ Мухьэд.
30 июня, 2026 - 10:01
Гъэмахуэм пхъэщхьэмыщхьэ, мэракIуэ, хадэхэкI щIэщыгъуэхэм я хъугъуэщи, нэхъри щIэщыгъуэщ а зэманыр. Абыхэм куэду яхэлъщ узыншагъэмкIэ сэбэп хъу витаминхэр. Нэр жан хъунымкIэ, гур тэмэму лэжьэнымкIэ, шхалъэ узыр гъэхъужынымкIэ, лъыр зегъэкIуэнымкIэ, нэгъуэщI куэдымкIи сэбэп мэхъу пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэхэмрэ. Дытепсэлъыхьынщ абыхэм ящыщу балиймрэ мэракIуэмрэ.
Балией
30 июня, 2026 - 09:00
Дунейм дэнэкIи дыкъыщеухъуреихь псым. Псыуэ щыIэр куэдкIэ нэхъыбэщ, щIым нэхърэ. Псы щымыIамэ, зыми гъащIэ иIэфынутэкъым: къэкIыгъэхэми, псэущхьэхэми, цIыхухэми. Дунейм и кубометр миллиарди 1,5-р – псыщ. Еплъытмэ, ар олимп бассейну триллион 800 хуэдизынущ. И къэхъукIэ, хэт пкъыгъуэ елъытауэ щIэныгъэлIхэм зэхагъэщхьэхукIащ псы лIэужьыгъуэ 2000. ЦIыхур псы куэду ефэмэ, и гур нэхъыфIу мэлажьэ.Псы емыфэу цIыхур махуитI-махуищ нэхъыбэ хуэшэчынукъым. ЦIыху балигъым и Iэпкълъэпкъым и процент 60-70-р псыуэ зэхэтщ. Проценти 10 хуэдиз фIэкIуэдауэ, псэужыфынукъым.
|