|
|
Календарь событий
05 июля 2026
5 июля, 2026 - 13:26
Илъэс ипэкIэ мащIэщ ар зыцIыхуу щытар, иджы Урысей Федерацэм футболым зыгуэр нэхъ мыхъуми щыхэзыщIыкIхэм я бзэгупэм телъщ. Зи гугъу сщIыр Урысей премьер-лигэм и судья нэхъыщхьэ Тэнащ Иналщ.
5 июля, 2026 - 13:00
Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэр илъэси 150-рэ зэрырикъум, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр илъэс 85-рэ зэрыхъум я щIыхькIэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм щагъэлъагъуэ театр теплъэгъуэхэм хуащIа сурэтхэр. 1940 гъэхэм щегъэжьауэ ди республикэм щылэжьа театр сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуахьэсащ музейм. Эскизхэр Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм и архивым къыхахащ.
5 июля, 2026 - 12:00
Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм къыщIагъэщащ КъБР-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм и къудамэ «Къэбэрдей-Балъкъэр мэзхэмрэ ахэр хъумэнымрэ» къэрал бюджет IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм зэрихьа хабзэншагъэр.
5 июля, 2026 - 11:00
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм и амбулаторэм и лэжьыгъэр зэрекIуэкIым зыщигъэгъуэзащ.
5 июля, 2026 - 10:00
Ди республикэм иджыблагъэ щекIуэкIащ цIыхухэр лэжьапIэ гъэувынымкIэ урысейпсо жармыкIэм и федеральнэ Iыхьэр.
5 июля, 2026 - 09:00
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIа брифингыр теухуат наркотикхэкIхэмрэ Iэщэрэ хабзэншагъэкIэ игъэкIыным пыщIа щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъуным, апхуэдэу ялэжьахэр къыщIэгъэщыным.
|