Зэгуэрым Мусэ лъапIэм упщIэ зыбжанэкIэ Алыхьталэм зыхуигъэзащ:
- Алыхьу си Тхьэ! - жиIащ абы. - Хэт уи пщылIхэм ящыщу псом нэхърэ нэхъ тхьэхуэлажьэр?
- Сэ зэи зи гум симыхур, - къыжриIащ Алыхьталэм.
- Хэт Уи гъуэгум нэхъ пэжу тетыр?
- Си унафэхэр зыгъэзащIэр.
- Хэт псом нэхърэ нэхъ Iущыр?
- Езым ифI зэрызэрихуэжым хуэдэ дыдэу, цIыхухэм яфI зезыхуэр.
- Хэт и щIэныгъэр нэхъ ин?
- ИщIэмкIэ зимыгъэнщIу, и щIэныгъэр цIыхухэм ящIэмкIэ зыгъэбагъуэр.
- Хэт псом нэхърэ нэхъ лъэщыр?