Календарь событий

08 июля 2026

ГъащIэм и лъэныкъуэ куэд къызэщIаубыдэ

Адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа тхакIуэщ Уэзы Мухьэмэд. Абы и IэдакъэщIэкIхэм къыщыгъэлъэгъуащ сабий гъащIэм и лъэныкъуэ куэд. Психологиери, гъэсэныгъэм ехьэлIа Iуэхухэри, ныбжьыщIэхэм гупым щаубыдыну увыпIэр къызэрыхахынури, бынымрэ адэ-анэмрэ, еджакIуэмрэ егъэджакIуэмрэ я зэхуаку дэлъын хуей зэхущытыкIэхэр зэраубзыхунури къызэщIаубыдэ тхакIуэм и тхыгъэхэм. Мы тхыгъэм щызэпкърытхыну дыхуейт абы и рассказхэм ящыщ зыбжанэ. Хэт ищIэрэ, зыгуэр дихьэхынщи, къеджэнщ. 

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 8, бэрэжьей
Аллергие узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ
Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я урысейпсо махуэщ
1944 гъэм
СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ «Анэ-лIыхъужь» цIэ лъапIэр, «Анэм и щIыхь» орденымрэ «Анагъэм и медалымрэ» къащтащ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ.   Хуабэр  махуэм градус 23 - 24-рэ, жэщым  градус 16 - 18 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 5-кIэ зихъуэжынущ.

НэхъыфIхэм ящыщу къалъытащ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ЩIэныгъэ хасэм и зэIущIэ иджыблагъэ екIуэкIащ. Зэхуэсыр къызэIуихащ КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ. ЩIэныгъэ хасэм и лэжьыгъэр зытеухуауэ щытар Егъэджэныгъэм и фIагъыр къызэралъытэ къэрал пщалъэхэм КъБКъУ-м щиубыд увыпIэмрэ иджырей гъащIэм гуманитар щIэныгъэхэр зэрыщрагъэджыну щIыкIэхэмрэщ.

Iуэху щхьэпэр езышэжьахэр

Сабийхэм яхуэтхэ тхакIуэхэм къалэнышхуэ я пщэ къыдохуэ. ЩIэблэр литературэм, къапщтэмэ, еджэным дихьэхыныр куэдкIэ елъытащ абыхэм я къалэмыпэм къыщIэкI тхыгъэхэм. Лъэпкъ литературэм а Iуэхум и псыпэр езышэжьахэм, абыхэм а унэтIыныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэм ухегъэгъуазэ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ТIымыжь Хьэмыщэ «Тхыдэ къулей икIи гъэщIэгъуэн зиIэ» и тхыгъэм.

Мелард бжыгъэ зи ныбжь кумб

Австралием къухьэпIэмкIэ щиIэ и щIыналъэхэм я зым уахэм къилъэтыкIыу къыщехуэхауэ щыта мывэ пыдзахуэшхуэм (астероидым) къыщриудыгъа кумбыр (кратерыр) ди планетэм къыщахута адрей псоми я нэхъыжьщ. 
Иджыблагъэ къызэрабжамкIэ, абы и ныбжьыр илъэс меларди 3-м ноблагъэ. А IуэхумкIэ щыхьэту къэуващ а къэралым Кертин и цIэкIэ щыIэ университетым щылажьэхэр. 

Колледжым и студенхэр къыхожаныкI

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым и студентхэр щытекIуащ «Шоу талантов» зэпеуэм. 

Адыгэм и фадэхэр

Адыгэм махъсымэр ижь-ижьыж лъандэрэ егъавэ. Ар хьэщIэ лъапIэхэм хуаIэт, хьэгъуэлIыгъуэр, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр зэрагъэбжьыфIэ фадэ лIэужьыгъуэщ. 

ФIы уигу илъмэ

Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и малъхъэу щыта Алий-щэхьабэм къытехъукIа лIы гуэрым пхъу зыбжанэ иIэт. И щхьэгъусэри а лъэпкъ хэIэтыкIам щыщт. ЛIыр дунейм ехыжа нэужь, унагъуэр дэхуэхати, цIыхухэр зыщамыгъэдыхьэшхын папщIэ, щыпсэу щIыпIэр яхъуэжащ. Къыщыхута къуажэм дэт мэжджыт зэхэкъутам къыщыувыIащ зэанэзэпхъухэр. Арати, унэгуащэм и хъыджэбзхэр абдежым къыщинэри, езыр шхын къилъыхъуэну ежьащ. Мыпхуэдэрщ къуажэм пщIэ нэхъ зиIэ муслъымэну дэсыр зыхужаIэм деж кIуэри, цIыхубзым и Iуэху зыIутыр жриIащ. АрщхьэкIэ мобы ар и фIэщ хъуакъым.

Хабзэм куэд къызэщIеубыдэ

ЩIэныгъэлIхэр, тхыдэтх куэдхэр ди лъэпкъым и къэхъукIэ-псэукIэм зэрытетхыхьащи, адыгэбзэр япэ дыдэу дунейм къытехьа бзэхэм ящыщщ. Бзэм и закъуэкъым, хабзэри, хьэл-щэнри абы дэщIыгъущ. Сыт хуэдэ ахэр? А псом дыщыгъуэзэнымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэщ щIэныгъэлI МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ Хабзэ» тхылъыр. 
Ди хабзэмрэ, ди бзэмрэ, щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр тхъумэным мыхьэнэшхуэ иIэу къыщалъыта мы зэманым, абы къэралым гулъытэ хуищI щыхъуам, дыхуейщ фигу къэдгъэкIыжыну Адыгэ хабзэм щыщ гуэрхэр, МафIэдз Сэрэбий и лэжьыгъэр ди тегъэщIапIэу.