Календарь событий

09 июля 2026

Адыгэпсэт, лIы нэст

ДахэкIэ зи гугъу ящI адыгэ цIыху гуащIафIэхэм яхэгъэувэжын хуейуэ иджыри куэд дыдэ зэрыщыIэм шэч хэлъкъым. Абыхэм ящыщщ политикэ щхьэусыгъуэкIэ ягъэкIуэдауэ нобэр къыздэсым зи цIэ къыкъуэмыкIыжахэр, зи лэжьыгъэр зэгуэр утыку къихьа къудейуэ щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу яIэщIэхужахэр, зи гуащIэдэкI дызыщыгъуазэхэм я щIэиным щIэрыщIэу ухагъэплъэжу нэгъуэщI фIыгъуэ куэд къызыкъуэкIыжхэр.

КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь

КъБКъУ-м и Социальнэ-гуманитарнэ институтым урысыбзэмкIэ, хамэ къэралыбзэхэмрэ журналистикэмкIэ и кафедрэм и доцент Битокъу Маринэ Налшык и «Искож» хьэблэм Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ и центрым лекцэ къыщеджащ «Этнокод КБР» щэнхабзэ-узэщIыныгъэ Iуэхум хыхьэу. 

Таучэшхэ я псынащхьэр цIыху кIуапIэщ

Кавказ Ищхъэрэм и куэдщ цIыхухэм я узыншагъэм дежкIэ сэбэпышхуэ хъу щIыпIэхэр. Апхуэдэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм хыхьэу Iуащхьэмахуэ и дыгъэмыхъуэ лъэныкъуэмкIэ къыщыщIэж псы хущхъуэхэр. Ахэр ди республикэм и мызакъуэу, Урысей псом цIэрыIуэ щыхъуащ. Мыбдежым псэр дэзыхьэх щIыпIэ зыкъизыххэмрэ цIыхум и Iэпкълъэпкъым хуэщхьэпэ пкъыгъуэхэмрэ щызэрихьэлIащ. 
Балъкъ и псыхъуащхьэхэмкIэ цIыхухэр нэхъ къыщихьэр гъэмахуэ мазищыр арами, бжьыхьэми, уеблэмэ щIымахуэми апхуэдэ гупыж зыщIхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм гу зылъатапхъэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм мэлыжьыхьым и 9-м къищта унафэ № 57-ПП-м ипкъ иткIэ, КъБР-м щыIэ МВД-м фигу къегъэкIыж езыхэм яфIэфIу Iэщэр, абы и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр, шэхэр, къагъауэ Iэмэпсымэхэр ахъшэ къыпэкIуэу ят зэрыхъунур. 
 Iэщэ зэратам папщIэ ахъшэр къаIэрыхьэнымкIэ хуитыныгъэ яIэщ Урысей Федерацэм и цIыхухэу илъэс I8 ныбжьым нэсахэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэм е абы и щIыналъэм щыIэу щатхахэм. 

Гупсысэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ

ЩIэныгъэ

Щыпкъагъэм и щапхъэ

Адыгэ тхакӀуэ, усакӀуэ, еджагъэшхуэ, жылагъуэ лэжьакӀуэ Нало Заур Мыхьэмэт и къуэм и гъащIэ гъуэгуанэм теухуауэ куэди жаIащ, куэди ятхащ. Абы и творчествэм зыщызыгъэгъуазэ дэтхэнэми, шэч хэмылъу, ар зэрызыхищIэр зэхуэдэкъым, дэтхэнэми езым и лъагъукIэ щхьэхуэ иIэжщ. Апхуэдэ зы тхыгъэщ мы гъэм КъБКъУ-м филологиемкIэ и къудамэр къэзыуха Тохъу Алинэ и IэдакъэщIэкIыр.

Адыгэ къэкIыгъэцIэхэр

Адыгэ къэкIыгъэцIэу минитIым нэблагъэ зэхуихьэсыжри, тхылъ щхьэхуэуи зыбжанэрэ къыдигъэкIыжащ Хьэкъун Барэсбий. А лэжьыгъэхэм щыгъуазэ ухуащI къэкIыгъэхэр зищIысым, къызэрыкI щIыкIэм, ущрихьэлIэ щIыпIэм, я теплъэкIэ, я мыхьэнэкIэ зыхуэдэм. Апхуэдэ къэкIыгъэхэм ящыщ зыбжанэм фыщыдогъэгъуазэ.

Дэнэ Хэкур здэщыIэр?

Мэкъуауэгъуэм и 20-м «ЩтапIэ ихьэжахэм я махуэр» ягъэлъапIэ. 2026 гъэм къызэрапщытамкIэ, я Хэку имысыжхэм я бжыгъэр цIыху мелуани 116-м ноблагъэ нобэкIэ. Абыхэм ящыщу мелуан 70-р къэрал щхьэхуэхэм я гъунапкъэм имыкIыу Iэпхъуэмэ, адрейхэр хамэ къэралхэм макIуэ. 

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 9, махуэку

1917 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къубатий.
1931 гъэм
къалъхуащ АР-м и цIыхубэ усакIуэ, драматург, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бэрэтэр Хьэмид.
1932 гъэм
къалъхуащ сурэтыщI Iэзэ, СССР-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм хэт Хьэжу Руслан.
1941 гъэм
къалъхуащ адыгэ еджагъэшхуэ, ботаник, жылагъуэ лэжьакIуэ Хьэкъун Барэсбий.