|
|
Календарь событий
11 июля 2026
11 июля, 2026 - 14:46
Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм я топджэгу командэ нэхъ лъэщхэр зыхэт зэхьэзэхуэ ещанэ дивизионым щокIуэкI. Мэлыжьыхьым (апрелым) и 4-м щIэзыдза а зэпеуэм бжьыпэр щаIыгъщ Псынэдахэ и «Родник»-мрэ Алътуд и «Искра»-мрэ.
11 июля, 2026 - 13:45
Илъэс 20-м нэсауэ ди къэралым щагъэлъапIэ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм я махуэр. Урысей Федерацэм и Президентым 2008 гъэм къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ ягъэува а махуэшхуэр иджы-ри зэ щыхьэт тохъуэ къэрал унафэщIхэм унагъуэм, абы къихъуэ щIэблэм, Хэкум къитэджыкI щIалэгъуалэм иужьрей лъэхъэнэм гулъытэ хэха зэрыхуащIым, анэмрэ сабиймрэ ехьэлIа Iуэхугъуэ псори мыхьэнэш-хуэ зиIэ унэтIыныгъэу къызэралъытэм.
11 июля, 2026 - 13:01
Урысей ФСИН-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ колоние №5-м и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ Хэку зауэшхуэм и ветеран Дегтяренкэ Василий и ныбжьыр илъэси 100 зэрырикъумкIэ.
11 июля, 2026 - 12:26
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ- кIуэ Казбек видеозэпыщIэ-ныгъэ IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIа, щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ комиссэм и зэIущIэм.
11 июля, 2026 - 12:00
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим 2026 гъэм и гъатхэ лэжьэгъуэм и иужьрей зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Абы республикэм и мылъкум, псэупIэ-коммунальнэ IуэхущIапIэм, щэнхабзэм, ухуэныгъэм, лэжьыгъэ IэнатIэхэм епха хабзэхэм щыхэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъхьащ.
11 июля, 2026 - 11:18
Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ коммунальнэ кIэрыхубжьэрыху быдэхэм (ТБО) елэжь щIыналъэ IэнатIэм зэфIигъэкI Iуэхухэм. Зэхуэсым хэтащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэу-пIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Журавлёв Андрей, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Ащхъуэт Азэмэтджэрий, КъБР-м зегъэужьынымкIэ зэгухьэныгъэм и генеральнэ унафэщI Чочаев Ахъмэт, «Экотехпром» щIыналъэ IуэхущIапIэм и пашэ Абыкъу Лъостэм- бэч сымэ.
11 июля, 2026 - 11:00
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Ащхъуэт Азэмэтджэрийрэ республикэм и къалащхьэм и архитектор нэхъыщхьэ Быдэ Аслъэнрэ.
|