|
|
Календарь событий
12 июля 2026
12 июля, 2026 - 12:00
УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и секретарь Шафир Тимур Налшык дэт Печатым и унэм щрикIуэкIащ видеоконференц. Абы хэтащ телевиденэм, газетхэм, журналхэм я редакторхэр, журналистхэр.
12 июля, 2026 - 11:18
Зи гъащIэр лъэпкъ щIэныгъэм щхьэузыхь хуэзыщIахэм я цIэр къыдэхыжыныр цIыхугъэм къигъэув Iуэхуу зэрыщытым и гугъу умыщIми, къытщIэхъуэ щIэблэм я зэхэщIыкIым зэрызрагъэужьынум, я дуней лъагъукIэм зэрызрагъэубгъунум и хьэтыркIэ ахэр къэIэтыжыпхъэщ, гъуэгущIэ тегъэувэжыпхъэщ. Апхуэдэщ зи цIэр куэдым ямыщIэ, ауэ адыгэ щIэныгъэм гуащIафIэу хуэлэжьа IуэрыIуатэдж, тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, егъэджакIуэ Меркицкэ Iэмин и къуэ Рашид.
12 июля, 2026 - 11:18
«Дыщэ зиIэ нэхърэ - нэхъыжь зиIэ» жеIэ адыгэ псалъэжьым. НэхъыжьыфIым, зи гугъу тщIыр адэшхуэ-анэшхуэхэрщ, я жьауэ къыщIэтэджыкI сабийхэм гъащIэр фIыгъуэшхуэкIэ къахуэупсащ. Адэшхуэ-анэшхуэхэр быным и быныжым зэрыхуэупсэ гуапагъэр, IэфIагъэр, я гъащIэр зэрагъэнщI лъагъуныгъэм куэдкIэ елъытащ абыхэм я дуней лъагъукIэр зэрыщытынур. Дадэ-нанэм я гумащIагъэр, абыхэм ятеухуа гукъэкIыжхэр дэтхэнэми и гъащIэм и кIыхьагъкIэ пхрех. Абы и щыхьэтщ КIуэкIуэ Алинэ и анэшхуэ КхъуэIуфэ (Къунаш) ФатIимэт теухуауэ къытхуитха тхыгъэр.
12 июля, 2026 - 11:00
Ди планетэм цIыхуу тетым я бжыгъэр псынщIэ дыдэу зэрыхэхъуэм къишэнкIэ хъуну гуныкъуэгъуэм ООН-м хэтхэм нэхъ зэIухауэ икIи щхьэтечу тепсэлъыхьын щыщIадзар XX лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэрщ.
|