|
|
Календарь событий
14 июля 2026
14 июля, 2026 - 16:42
«Псыхэм, Iуащхьэхэм, къуэладжэхэм зэреджэр фэеплъщ ахэр къыщызэтена щIыгур зи хэщIапIэу къекIуэкIа лъэпкъым дежкIэ», - къыщыхигъэщат географие щIэныгъэхэмкIэ доктор Мурзаев Эдуард «Географие в названиях» и тхылъ телъыджэм и зы напэкIуэцIым.
Ди япэ ита щIэныгъэлIхэм, еджагъэшхуэхэм къызэранэкIа тхыгъэхэр къызэрыдатам нэхърэ нэхъыбэжкIэ топонимикэ щIэныгъэу «ЩIым и бзэ»-кIэ дызэджэр «къыщытхуэупси» къохъу. Абы пцIы ебгъэупсыну иужь уихьэми жыжьэ унигъэсынукъым, пхупылъхьэни щыIэкъым.
14 июля, 2026 - 16:36
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым социально-гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и институтым политикэ къэхутэныгъэхэмкIэ и центрым и унафэщI Iэрэмысэ Тимур иджыблагъэ хэтащ Горчаков Александр и цIэр зезыхьэ фондым къызэригъэпэщу «Мэшыкъуэ» щIэныгъэ центрым щригъэкIуэкIа «Кавказ зэпсэлъэныгъэхэр–2026» дунейпсо щIэныгъэ-егъэджэныгъэ программэм. Абы хэтащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэр зыджхэр, къэралым и политолог пажэхэр, къэхутакIуэ ныбжьыщIэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
14 июля, 2026 - 16:23
Тхыгъэ куэд зи Iэдакъэ къыщIэкIа щIэныгъэлI, тхакIуэ, усакIуэ Нало Заур, псэужамэ и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 98-рэ ирикъунут. Ар ди тегъэщIапIэу дриплъэжыну дыхуейт Налом и тхылъхэм ящыщ зым, «Адыгэ псалъэгъэпсахэр» зыфIища, Налшык, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм 2008 гъэм къыщыдэкIам.
14 июля, 2026 - 15:40
Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу, бадзэуэгъуэм и 6-8-хэм Бахъсэн щIыналъэм и картинг клубым и Iэгъуэблагъэм щекIуэкIа «ДЖЭДЫКЪУЭ АЭРО – 2026. УАФЭ 5642!» унагъуэ фестивалым гъэ къэс къыпащэну къыхалъхьащ. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, Курортхэмрэ туризмымкIэ и министерствэхэмрэ «Джэдыкъуэ» хьэщIэщ-зыгъэпсэхупIэ IуэхущIапIэмрэ, Бахъсэн щIыналъэ администрацэр я дэIэпыкъуэгъуу. Iуэху гуапэм хэтащ республикэм щыпсэу цIыху щэ бжыгъэхэмрэ ди хьэщIэхэмрэ.
14 июля, 2026 - 14:39
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Кулиев Къайсын и унэ-музей Эльтюбю къуажэм щыIэр мы зэманым зэрагъэпэщыж.
Балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэр I9I7 гъэм къыщалъхуа щIыпIэр нобэ цIыху кIуапIэщ. Абы куэду йокIуалIэ усакIуэм и щIэинхэм дахьэххэмрэ ди щIыналъэм зыщызыгъэпсэхухэмрэ. Мыбы щагъэзэщIащ «Книга в камне» проект гъэщIэгъуэныр. Ар щхьэпэщ усакIуэм къыщIэнахэр хъумэнымкIэ, абыхэм цIыху нэхъыбэ щыгъэгъуэзэнымкIэ.
Ухуэныгъэр япэм щыIа псэуалъапхъэхэмкIэ къагъэщIэрэщIэж, абы нэхъапэм иIа пасэрей тхыдэ теплъэр зэфIагъэувэжурэ.
14 июля, 2026 - 13:00
УнагъуэщIэхэм ядэIэпыкъун, ахэр унапIэкIэ къызэгъэпэщын зэрыхуейм ехьэлIауэ иужьрей илъэсхэм щIыналъэхэм Iэнэ хъурейрэ зэхуэсу щекIуэкIыр мащIэкъым. Дэтхэнэ зэIущIэми жыджэру хэтщ къызэгъэпэщакIуэхэри къаIэта Iуэхугъуэхэр зэфIэхынымкIэ жэуап зыхь къулыкъущIэхэри.
14 июля, 2026 - 11:18
Бадзэуэгъуэм и 14, гъубж
1945 гъэм Париж къалэм ТекIуэныгъэм и парад щекIуэкIащ. Япэ иту уэрамым ирикIуащ Франджым и ЛIыхъужь адыгэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан.
1957 гъэм Налшык щекIуэкIащ СССР-м ис лъэпкъ псоми я тхакIуэхэм я лIыкIуэхэр зыхэта пшыхь гъэщIэгъуэн.
1965 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Кабардинка» къэрал ансамблыр къафэмкIэ «Кабардинка» ансамблу зэрахъуэкIащ.
14 июля, 2026 - 10:01
1957 гъэм дунейм къытехьащ куэдым я гум дыхьа «ЛатIиф» уэрэдыр. Абы и цIэр зэтемыхуэу жаIэ. Нэхъыбэм ар зэращIэр «Май жыг хадэ» уэрэдущ. Ауэ аракъым нэхъыщхьэр, атIэ апхуэдиз илъэс дэкIами, ноби жьыри щIэри абы дихьэхыу зэредаIуэрщ. Журналист КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ «Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыным и зи чэзу къыдэкIыгъуэр абы триухуауэ щытащ.
14 июля, 2026 - 09:58
Сакья жыхуаIэ къулъшырыфыр Тибетым щыIэщ, къуршым метр 4300-кIэ удэкIуеймэ тращIыхьарэ, Шигадзе къалэм километри 148-кIэ пэжыжьэу. Къулъшырыфыр 1073 гъэм Гьялпо Кончог иухуауэ жаIэ. Япэ дыдэу буддизмэр къэзыщта тибет монахи 7-м язым и щIэблэт ар. «Ягъэунэхуа ЛIибл» жаIэт абыхэм щхьэкIэ. Хабзэ зэрахуэхъуати, тетыгъуэр къуэм адэм Iэпихыурэ апхуэдэущ къызэрекIуэкIар. ИкIи Гьялпо къуршыщхьэм трищIыхьа къулъшырыфым и япэ унафэщIу щытащ.
14 июля, 2026 - 09:00
Тэн Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм къраIуащ тхьэмбылыр лышхым зэриубыдар къызэращIэ щытыкIэхэр.
Гу лъытапхъэщ лышх лIэужьыгъуэу щыIэм уахэплъэжмэ, лIэныгъэ нэхъыбэ дыдэ къызыхэкIыр тхьэмбылым епхар арауэ зэрыщытыр. Абы къыхэкIыу, Тэн Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэм къраIуэ мы лышх лIэужьыгъуэр къызэрацIыху щытыкIэхэр:
• Лъы хэлъу Iупс бзаджэ уи бгъэм къытекIмэ;
• Жьы къыппиубыдмэ;
• Уи бгъэгур узмэ;
|