Календарь событий

15 июля 2026

Лъэпкъми хэкуми я набдзэт

Иджыблагъэ дунейм ехыжащ шууей цIэрыIуэ Совет Союзым щэнейрэ и чемпион, Урысей Федерацэм пщыкIухрэ щытекIуа, шы спортымкIэ дунейпсо категорие зиIэ судья, къэралым щIыхь зиIэ и тренер Къуныжь Мухьэрбий. Абы и гъэсэнхэм куэду къахэкIащ Олимп Джэгухэм, дунейпсо, европэпсо, къэралпсо зэпеуэхэм я дыщэ медалхэр къэзыхьахэр.

КъалэцIэм и къежьапIэр

Адыгэр къызэригъэщIрэ и пIэм имыкIауэ и хэкум исыжщ, и хабзэмрэ бзэмрэ нобэм къихьэсауэ. Тхыдэм и кIыхьагъкIэ, ди лъэпкъыр хы Iуфэм Iусащ, сыт хуэдэ зэрыпхъуакIуэ къытемыуам хэт и дамэ лъабжьэ щIигъэувэну хэмытами и гущэпкъыр имыбгынэу, гугъуехьми мафIэми пимыкIуэту. ИкIи пасэрей зыплъыхьакIуэхэмрэ зэрыпхъуакIуэхэмрэ къаIуэтэжу къэгъуэгурыкIуащ адыгэр къызытехъукIыжа лъэпкъыжьхэр сытым дежи щыпсэуа къалэ цIэрыIуэу Анапэ дахащэм и хъыбар гъэщIэгъуэнхэр. Сыт хуэдэ щэхухэр ихъумэрэ-тIэ Анапэ? Сыт а фIэщыгъэр къызытехъукIар? Сыт къикIыр а псалъэм?

ЛIыгъэр лIэныгъэм токIуэ

Гъэмахуэр къэсамэ, зыгъэпсэхугъуэм и чэзум зэригъэгушхуэм нэмыщI, балигъыу сыт щыгъуи зыкъызыщыхъуж сабийхэр псыежэххэм, бгыщхьэхэм, мэзхэм къыщохутэри, уатеплъэкъукI хъуркъым. Махуэ щIагъуэ къанэркъым ныбжьыщIэ гуэр кIуэдауэ къалъыхъуэж жаIэу хъыбар зэхэдмыхыу.

Ингуш Республикэм мэкъуауэгъуэм къыщыхъуа гузэвэгъуэм и хъыбарыр Кавказым и гъунапкъэми къыщыувыIакъым. Мин бжыгъэкIэ Къэрэбулак и Iэгъуэблагъэм щызэхуэсахэм къалъыхъуэрт Сунжэ псыежэхым щIилъэфа Дербичев Хъызыр.

Дунейм адыгэу тетыр зэрепх

Къэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, режиссер, продюсер цIэрыIуэ Хьэцей Тимур адыгэ щэнхабзэм, Урысейм и гъуазджэ IэнатIэм хэлъхьэныгъэ ин зэрыхуищIыр, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм, къэрал зэхуэмыдэхэм я зэхуаку щэнхабзэ лъэмыж зэрыщиухуэр куэдым къащIэну хунэсащ. Абы щыхьэт техъуэ проект инщ адыгэу дунейм тет псоми Iэпэгъу яхуэхъуа «Черкес ФМ» радио гуэдзэныр.  

ЩIалэгъуэр зейхэм я дунейм

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щиIэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрым «Университет зэблэкIыгъуэхэр» зыфIаща пэхуэщIэр къыщызэIуахащ. Абы кърихьэлIащ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» жыджэру хэт сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ. Ди щIыналъэм щыщ ныбжьыщIэхэм къищынэмыщIауэ, абы къыхыхьащ къэралым и щIыналъэ 38-м къикIа еджакIуи 150-м нэблагъэ.

Адыгэ тхыдэм и гъуджэ

ЩоджэнцIыкIу Алий щIэрыщIэу зэфIэува къэбэрдей поэзием и лъабжьэр зыгъэтIылъащ, адыгэхэм я усакIуэ пажэщ. И усэхэр япэ дыдэу щытрадзар адыгэбзэкIэ Тыркум къыщыдэкI журналщ. ЕгъэджакIуэ Iэзэт, узэщIакIуэпсэ нэхут. Адыгэбзэм езым хуэфащэ тхыбзэ литературэ игъуэтынымкIэ, цIыхубэр щIэныгъэм ешэлIэнымкIэ къалэн ин дыдэ зэфIигъэкIащ. Лъэпкъ прозэр, театрыр, музыкэр, хореографиер дунейпсо щапхъэхэм тету зэфIэувэнми къаруушхуэ ирихьэлIащ. Усэу куэд дыдэ, поэмэу 10, усэу зэхэлъ роман, оперэм и либреттэ, публицистикэ тхыгъэхэр, рассказхэр къыщIэнащ.

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 15, бэрэжьей

♦ЩIалэгъуалэр IэпщIэлъапщIагъэм хуэгъэсэным и дунейпсо махуэщ

♦1939 гъэм Бахъсэн, Аруан, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм район газетхэр къыщыдэкIыу хуежьащ.

♦1924 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и юрист Шакъ Беслъэн.

♦1925 гъэм къалъхуащ IуэрыIуатэдж, литературэдж, критик, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, профессор Пщыбий Инал.