Календарь событий

19 июля 2026

Домбеякъыр и Iэрылъхьэщ Сэлим

Македоние Ищхъэрэм и къалащхьэ Скопье бадзэуэгъуэм и 6 – 12-м щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс тIощIым щIимыгъуахэм спорт бэнэкIэмкIэ Европэм и зэхьэзэхуэ. Абы кърихьэлIат алыдж-урым бэнэкIэмрэ бэнэкIэ хуитымкIэ щIалэгъуалэм я нэхъ лъэщ дыдэхэр.

ЦIыхубэм яхуэгъэза псалъэ

Налшык мы зэманым щагъэзащIэ Къэбэрдей-Балъ­къэрым и усакIуэхэм ятеухуа Iуэху щхьэпэ. Головком, ЩоджэнцIыкIум, Къуэныкъуейм, Ашурэм, Кировым, Вовчок, нэгъуэщIхэми я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я автобус къэувыIэпIэхэм деж адыгэ, балъ­къэр литературэхэм я классикхэм я усэхэр зытет абджыпсхэр щагъэуващ.

Ныбжьэгъугъэм и лъэмыж

Налшык, сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIэ­кIуэж «Радуга» центрым, щекIуэкIащ «Ныбжьэгъугъэм и литературэ лъэмыж» зэIущIэр. Лъэпкъ библиотекэм и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэща Iуэхур траухуащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм.

Усэбзэр лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэщ

ЩIалэгъуалэм я унэм щекIуэкIащ «Откровение» макъамэ усэ пшыхьыр. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм ис лъэпкъ­хэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хыхьэу. Зыщыщ лъэпкъми емылъытауэ, усэбзэр лъэпкъ псомкIи гурыIуэгъуэщ икIи зэкъуэзыгъэувэщ.