|
|
Календарь событий
26 июля 2026
26 июля, 2026 - 11:18
Дзэлыкъуэ, Шэрэдж районхэм я лIыкIуэхэр Шэрэдж щIыналъэм щызэIущIащ зэдалэжьахэр къапщытэжыну, адэкIэ я мурадхэр ягъэбелджылыну. Абы къыщапщытэжащ 2025 гъэм къриубыдэу щIыналъитIым яхузэфIэкIахэри.
26 июля, 2026 - 11:00
Иджыри зэ Ашэмэз и пшыналъэм дыщIигъэдэIуащ, гъуазджэ нэсыр ди пащхьэ кърихьащ, графикэ лэжьыгъэ купщIафIэхэм ящIэлъ гупсысэ щэхум дыхишащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ГъуазджэхэмкIэ Европей академием и академик Бгъэжьнокъуэ Заурбэч. СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, къыщызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэм къыпызыщэт КъБР-м и Лъэпкъ музейм а махуэ дыдэм щекIуэкIа зэIущIэ гуапэр.
26 июля, 2026 - 09:30
СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, щагъэлъагъуэ «Древо жизни» зи фIэщыгъэ, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, гъуазджэхэмкIэ Европей академием и академик, график цIэрыIуэ Бгъэжьнокъуэ Заурбэч и лэжьыгъэхэр. Ар къызэрагъэпэщащ сурэтыщIым и ныбжьыр нэгъабэ илъэс 80 зэрырикъуам и щIыхькIэ.
|