|
|
Календарь событий
27 июля 2026
27 июля, 2026 - 20:41
СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, дзюдомкIэ дунейпсо чемпион, Континентхэм я кубокыр тIэунейрэ къэзыхьа, Европэм плIэнейрэ щытекIуа, Совет Союзми апхуэдизрэ щынэхъ лъэща, Лъэцэр (Тлецери) Хьэзрэт къыщалъхуари къыщыхъуари Адыгейм хыхьэ Къэзаныкъуей къуажэращ. ИужькIэ, Краснодар псыхъумапIэр щаухуэм, а жылэр абы щIрагъэлъэфащ.
27 июля, 2026 - 19:36
Зэман-зэманкIэрэ дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа цIыху цIэрыIуэхэр. Абыхэм я гъащIэмрэ я IуэхущIафэмрэ щIэблэм гъуазэ лъэщ яхуохъу. Апхуэдэ цIыхухэм я цIэр тхылъым иттхэ къудейкъым, абыхэм я ехъулIэныгъэхэм къагъэлъагъуэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лъапIэныгъэхэр: я гуащIэдэкIыр, лэжьыгъэр, Хэкур фIыуэ лъагъуныр, Iуэхум хуэпэжыныр. Абыхэм зыщыщагъэгъуазэкIэ, щIалэгъуалэм пщIэмрэ щIыхьымрэ зищIысыр нэхъыфIу къагуроIуэ, цIыхугъэ къыхахыфу зрагъасэ.
27 июля, 2026 - 18:27
ФокIадэм и 1-р къэмыс щIыкIэ, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министерствэм къыщагъэнэIуащ Зыуэ щыт къэрал къэпщытэныгъэр зэрекIуэкIамрэ сабийхэм абы щIэныгъэу къыщагъэлъэгъуамрэ. Арат и щхьэусыгъуэр УФ-м и Президент Путин Владимиррэ егъэджэныгъэмкIэ министр Кравцов Сергейрэ я зэIущIэм.
Иджыри къэс зэи къэмыхъуауэ, ЕГЭ-р зытахэм ящыщу еджакIуэ мин 330-м балл 70-м щIигъу къахьащ.
27 июля, 2026 - 17:24
Астрономхэм иджыблагъэ къалъэгъуащ «мащэ кIыфIым» (чёрная дыра) зэрымыщIэкIэ гъунэгъуIуэу бгъэдыхьа вагъуэм и зэпкърыхукIэр зыхуэдэр.
27 июля, 2026 - 15:58
Мы гъэмахуэм илъэси 105-рэ ирикъуащ Налшыкрэ Котляревскэ станицэмрэ зэпызыщIэ а къэувыIэпIэм, «Докшукино» станцым и Iэшэлъашэм жылэ цIыкIу къызэрыщыхъурэ. Ар Къэхъун къуажэ Советым и унафэм щIагъэувауэ щытащ. Тхыдэм къыхэна Iуэхугъуэщ ар. Абы и пэщIэдзэр, куэдым къызэралъытэмкIэ, зэман нэхъ пасэм щыIэщ: 1913 гъэм яухуауэ щыта гъущI гъуэгу станцу псыпцIэм зэщIищта щIыпIэм щаухуарщ.
27 июля, 2026 - 14:10
Илъэс 70 хуэдэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ятха усэщ нобэ зи гугъу тщIынур. Ар илъэс 30 дэкIыжри, уэрэд цIэрыIуэ хъуащ. ДэнэкIи кърагъауэу щызэхэпхырт «Лъэмыж цIыкIум деж» уэрэдыр. Зи насып къэкIуэгъуэ пщащэ цIыкIуу абы дэпыхьам и гугъу умыщIыххэ!
АтIэ сыт и хъыбар апхуэдиз цIыху зытхьэкъуа уэрэдым? «Зы уэрэдым и хъыбар» нэтыным абы и гугъу щищIащ журналист КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ.
27 июля, 2026 - 12:53
Бадзэуэгъуэм и 27, блыщхьэ
УФ-м и Дзэ-Тенджыз флотым и махуэщ
1922 гъэм Адыгей автономнэ областыр къызэрагъэпэщащ.
1981 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академиер къызэIуахащ. Иджы ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетщ.
1991 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэуващ президент къулыкъур.
1924 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, драматург Чуякъуэ Джэфар.
27 июля, 2026 - 09:47
В соответствии с подпунктом 3 пункта 2 статьи 396 Земельного кодекса Российской Федерации, Законом Кабардино-Балкарской Республики от 16 ноября 2015 г.
|