Календарь событий

30 июля 2026

ГъащIэ гъуэгум и таж

Зыхэтхэм цIыхугъэкIэ, IэщIагъэкIэ, IущагъкIэ къахэщу купщIафIэу псэуащ дохутыр Iэзэ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Даур Борис. Ар мы гъэм илъэс 80 ирокъу. Борис хьэлыфIу хэлъым, зэфIэкIыу бгъэдэлъым я фIыгъэкIэ Урысейм и щIыпIэ куэдым къыщацIыху, ныбжьэгъу куэди иIэу нобэрей лъагапIэм нэсащ. Мы тхыгъэм къыщыдгъэлъэгъуэну дыхуейщ абы и махуэ лъапIэм ирихьэлIэу и ныбжьэгъухэр къызэрыддэгуэша гупсысэхэр. 

Тхьэпэлъытэ Iуащхьэмахуэ

Ди газетым зэрытетащи, куэд щIакъым Тыркум щыпсэу адыгэ бзылъхугъэ щыпкъэ, лъэпкъым ирагъэбгына щIыналъэр нэхъыжьхэм фIыуэ зрагъэлъэгъуахэм ящыщ, IэпэIэсэ, Кападокие Тхыдэмрэ гъуазджэмрэ я музей къыщызэIузыха Гуэбэл Сибел (Езауэхэ я пхъурылъхущ), абы и къуэ Серкан, ипхъу Селдэ сымэ Налшык зэрыщыхьэщIэрэ. Сибел дыщыхуэзам къыджиIэжа хъыбар гъэщIэгъуэнхэм ящыщт и адэм къыхуиIуатэу щыта таурыхъхэм ящыщ зыр.

Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ лэжьыгъэ

Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Грозный Иванрэ Темрыкъуэ Мариерэ ятеухуа «Династия: истоки и венец. История об Иване Грозном и Марии Темрюковне» тхыдэ романыр.

ЗЫ ТХЫБЗЭ ДИIЭНУ ДЫХУЕЙМЭ

Адыгэ лъэпкъым тхыгъэ иIэн папщIэ щIэныгъэ гъуэгуанэ къызэринэкIащ. Алфавитым, хьэрфхэм я зэхэтыкIэм теухуауэ еплъыкIэ зэхуэмыдэхэр щыIащ сыт хуэдэ зэманми. Тхыбзэм, адыгэ хьэрфхэм, алфавитхэм я тхыдэм теухауэ и гупсысэхэр щызэпкърихащ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат УНЭЛIОКЪУЭ Вячеслав и тхыгъэм. 
ГЪУЭТ Синэ. 

ЯхузэфIэкIар мащIэкъым

ЩIэблэм щIэныгъэ яIэныр зи хъуэпсапIэу щыта щIэныгъэлIхэр лъэпкъым и мащIэкъым икIи ар абыхэм къайхъулIэным теухуауэ абыхэм куэд зэфIагъэкIащ. Апхуэдэ узэщIакIуэхэм ящыщщ Тамбий Пагуи Дым Iэдэми. Абы и лъэныкъуэкIэ абыхэм зэфIагъэкIахэр къыщыгъэлъэгъуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ТIымыжь Хьэмыщэ «Тхыдэ къулей икIи гъэщIэгъуэн зиIэ» и тхыгъэм.

Ди хъуреягъкIэ щызэхэтххэр

Кавказ республикэхэм хуэдэу унагъуэм и мыхьэнэр къащыгурыIуэ щIыпIэ куэд иIэ хъункъым Урысейм. Ауэ щыхъукIэ, зэманым и нэщэнэхэр ди лъэныкъуэмкIи къыщотIасхъэ. 

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 30, махуэку

Зэныбжьэгъугъэм и дунейпсо махуэщ
1916 гъэм
къалъхуащ япэ рангым и капитан, Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта, дзэ-тенджыз щIэныгъэхэмкIэ кандидат Вэрокъуэ Гъузер.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 - 25-рэ, жэщым градус 17 - 19 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 5-кIэ зихъуэжынущ.