Календарь событий

31 июля 2026

Хьэлыншагъым и сурэт зэмыфэгъухэр

«Ансар» тхылъ тедзапIэм 2025 гъэм къыщыдэкIауэ щытащ щIэх-щIэхыу зи цIэ къитIуэ муслъымэн щIэныгъэлIышхуэ Гъэзэлий Iэбу Хьэмид «ФIэщхъуныгъэм епха щIэныгъэхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр» зыфIища и тхылъ цIэрыIуэм и ещанэ томыр.

Лъэпкъым папщIэ псэуа Есэн Сэбахьэтдин

 Зи хэкужь лъахэмкIэ зигури зи псэри щыIэу зи гъащIэр зыхьахэм, зи анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ хабзэмрэ зи пкъынэлъынэхэм, гупсысэхэм зэи хэмыкIыу щытахэм ящыщщ хэкупсэ нэсу дунейм тета Есэн Сэбахьэтдин Сэлмэн и къуэр (1934-2021). ХамэщIыр псэупIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм я гъащIэр нэхъ тынш щIыным, адэжь щIыналъэм ахэр пыщIауэ щытыным, я хэкур ягъуэтыжыным хуэгъэпса Iуэхугъуэ куэд зэфIэзыха адыгэлI щыпкъэхэм ящыщт а нэхъыжьыфIыр. Иджыблагъэ илъэситху хъуащ Есэныр дунейм зэрехыжрэ.

Псэущхьэхэми къащхьэщож

«МэзгъэфIэнхэр зыхъумэхэм (рейнджерхэм) я зэгухьэныгъэ» зыфIаща IэнатIэ щхьэхуэ япэ дыдэу къыщыунэхуар 1992 гъэращ. А Iуэхур къыхэзылъхьауэ къалъытэр Шотландием щыпсэу IэщIагъэлIхэу дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэм гулъытэ хуэщIын зэрыхуейм къыхуезыджэхэрат. 

Дызэрыт лъэхъэнэм МэзгъэфIэнхэр зыхъумэхэм (рейнджерхэм) я дунейпсо махуэр ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщу 46-м гъэ къэс бадзэуэгъуэм и 31-м щагъэлъапIэ. АбыкIэ унафэр щыщIагъэбыдар Рейнджерхэм я къэрал зэхуаку федерацэм 2007 гъэм иригъэкIуэкIа и зэIущIэрщ. 

ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм трагъащIэ

Тэрч щIыналъэм япэу щрагъэжьащ «Этнокод КБР» щэнхабзэ Iуэхур. Ар КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и жэрдэмкIэ ягъэзащIэ, Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хыхьэу. Мы зэхыхьэр республикэм и район псоми щекIуэкIынущ.
Мыр хуэунэтIащ цIыхубэр зэкъуэгъэувэным, республикэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэинхэр хъумэным, я лъахэм и хабзэхэмрэ тхыдэмрэ джыным щIалэгъуалэр хэшэным. 

Хэкум и тхыдэм щагъэгъуазэ

Илъэс пщыкIутIым нэблэгъауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэрагъэпэщ «Ди хэкуэгъухэм я лагерь» Iуэхур. Мы гъэми абы пащащ.
Хамэ къэралхэм щыпсэу ди хэкуэгъухэм я бынхэм зыщрагъэпсэху лагерыр къызэрегъэпэщ КъБР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ «Эльбрусоид» фондым и Налшык къудамэмрэ и гъусэу. Ар ирагъэкIуэкI «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал лъэпкъ политикэмрэ жылагъуэм къыщыхалъхьэ Iуэхухэмрэ щыгъэзэщIэн» лэжьыгъэм хиубыдэу.

Къаплъэным и махуэ

Мыр, зы гъэ къэмынэу, бадзэуэгъуэм и 29-м къэралхэм я нэхъыбэм щагъэлъапIэ.

2010 гъэм, «Къаплъэнхэм я саммит» зыфIащу, Санкт-Петербург щызэхаша зэIущIэм щызэхалъхьат 2010-2026 гъэхэм тращIыхьа программэу къаплъэн лъэпкъыгъуэхэм ящыщу дэнэ лъэныкъуэкIи щыIэхэм я бжыгъэр гъэбэгъуэжын зэрыхуейм теухуар.

Лъытэгъуейщ и гуащIэр

ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа КIэрашэ Тембот IэнатIэ хъарзынэхэр ирихьэкIащ: адыгэ газетым и редактору, тхылъ тедзапIэм и тхьэмадэу, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщIу, Краснодар дэт педагогическэ институтым щыегъэджакIуэу щытащ. Ауэ а псоми къадэкIуэу лъэпкъ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэри лъытэгъуейщ. КIэрашэм и IэдакъэщIэкIхэр  адыгэ литературэм и курыхщ, абыхэм ящыщ дэтхэнэри хуэунэтIащ лъэпкъ щэнхабзэр Iэтыным. КIэрашэм тхэным къыщигъэлъэгъуа зэфIэкIым теухуащ Къэрмокъуэ Хьэмид и тхыгъэр.

Къуэрылъху цIыкIум и лъэIу

Москва къалэм дэт «Унафэ зэращI IэмалыщIэхэр» къэрал IуэхущIапIэм щолажьэ ди зы лъэпкъэгъу пщащэ. КIэрашэ Алинэ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №2-р къиухащ икIи ди щыхьэрым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтауэ иджы и IэщIагъэм иролажьэ. Мы тхыгъэр зытеухуар аращ, зи Iэдакъэ къыщIэкIар и адэшхуэ КIэрашэ Михаилщ.  

Археологиемрэ туризмэмрэ

Ди гуапэ зэрыхъунщи, зи нэгу зезыгъэужьыну ежьэхэм куэд яхэтщ здэкIуэ щIыналъэхэм ижькIэрэ щыпсэуа лъэпкъхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадекIуэкIа щэнхабзэм, архитектурэм, тхыдэм щыгъуазэ зыхуэзыщIын зыфIэфIхэр.

Апхуэдэ «гъуэтыгъуэ» ахэр изыгъахуэ IэмалыфIхэм ящыщщ «Археологие туризм» зыфIаща унэтIыныгъэщIэри.

Апхуэдэ мурад зиIэу ежьэхэм этнографие музейхэм щIэлъ Iэмэпсымэхэм, хьэпшыпхэм «нэIуасэ» зыхуащI, лъэхъэнэ жыжьэхэм къащIэна ухуэныгъэжьхэр къаплъыхь, тхыдэм и хуэмэбжьымэхэм «яжь» къыщыпщIихуфыну лъэс лъагъуэхэм къыщакIухь.

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 31, мэрем

1955 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и член-корреспондент Чым Рашад.

1964 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор Бидэнокъуэ Мурат.

1965 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Жэрыкъуэ Оксанэ.

Дунейм и щытыкIэнур