|
|
Календарь событий
03 августа 2026
3 августа, 2026 - 19:28
Макъамэ гуэрым сынешэж, макъамэ гуэрым сыхогъуащэ. Ди уафэм нэпс зэрыщIигъэжыр макъамэ щэхум къыджеIэж. Псалъэншэщ. Уафэри гъунэншэщ. КууIуэщ. КууIуэщи, гупсысэри еуIэ. УIэгъэр нэхъри гуауэ кIуапIэщ. Псэр сыту лъапIэ… Макъамэм щIэлъри аракъэ… Зыгуэрым и псэ, гум и плъыфэ…
3 августа, 2026 - 18:26
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэфIэкIащ узэщIакIуэ мыхьэнэ зиIэ, «ЩIэныгъэ. Шынагъуэншагъэ» фIэщыгъэр зыгъуэта пэхуэщIэхэр.
3 августа, 2026 - 17:23
Зи Хэку фIыуэ зылъагъум дежкIэ абы и теплъэри, и хьэуари, щежэх псыхэри, щыпсэу цIыхухэри – псори дахэщ, лъапIэщ. А лъагъуныгъэ иныр кIащхъэ мыщIыныр и гуращэу илъэс куэд лъандэрэ сабийхэм ядолажьэ Ислъэмей къуажэм дэт 4-нэ курыт школым географиер щезыгъэдж Къундет Иннэ. «Урысей Федерацэм и егъэджакIуэ нэхъыфIхэр» къэралпсо зэпеуэм 2009 гъэм пашэ щыхъуа, «Си псэ хуабагъэмкIэ сабийхэм садогуашэ» егъэджакIуэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэм и щIыналъэ Iыхьэм 2024 гъэм щытекIуа унэтIакIуэр и лэжьыгъэм нэхъыщхьэу хилъагъуэ Iуэхугъуэхэм ехьэлIа гупсысэхэмкIэ къыддогуашэ.
3 августа, 2026 - 16:15
Адыгэ хъыбарыжьхэм яхъумащ пасэрей лъэпкъ зэхэтыкIэр. Абыхэм фIы дыдэу къахощыж пасэрейхэм Iущагъыу яхэлъар, хабзэ-нэмысыр зэрызэрахьар, лIым и псалъэм иIа пщIэр, адыгэм иIа хахуагъэмрэ абы и лIыгъэр зыхуэдэмрэ. Апхуэдэ хъыбарыжьхэм ящыщщ пщы Щэбэтыкъуэ теухуар.
3 августа, 2026 - 16:09
ГъущI гъуэгухэр - Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм щыпсэухэр нэхъ тыншу зэпызыщIэ, IэнатIэхэр гъэсыныпхъэкIи, ухуэныгъэм ирахьэлIэ пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIи, нэгъуэщI-къинэмыщIхэмкIи щызэхъуажэ, къэралым и экономикэр зэпIэзэрыт щытыкIэм изыгъэт, ипэкIэ зэрыбэкъуэным телажьэ Iэмал нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ.
3 августа, 2026 - 15:13
Сыт нэхъ лъапIэу щыIэ лъэпкъым и дежкIэ, абы щIэныгъэлI къыхэхъуэным елъытауэ? Ар бзэм елэжь IэщIагъэлI щIалэу къыщыщIэкIым деж, а гуфIэгъуэр тIуащIэ мэхъу.
Адыгейм гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и институту КIэрашэ Тембот и цIэр зезыхьэм мэкъуауэгъуэм и 15-м щекIуэкIащ «Мейкъуапэ и архелогие фэеплъхэм щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ щаубыд увыпIэр» урысейпсо щIэныгъэ конференц. Абы ирагъэблэгъа Быф Елбэрд Адыгэ республикэм и журналист пажэ ГъукIэлI Сусаннэ и «Псэлъэгъу» (ЗэдэгушыIэгъу») нэтыным и гупсысэхэр къыщригъэIуэтащ.
3 августа, 2026 - 14:11
КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм хъыбар зэрыдигъащIэмкIэ, фокIадэм и 7-м къыщыщIэдзауэ и 11 пщIондэ Липецк щекIуэкIынущ «Анэдэлъхубзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфI» V урысейпсо зэпеуэр. Абы хэтынущ анэдэлъхубзэр щIэблэм яIурылъхьэным зи гъащIэр тезыухуа егъэджакIуэхэр.
3 августа, 2026 - 12:57
ШыщхьэуIум и 3, блыщхьэ
Хъарбызым и дунейпсо махуэщ
1942 гъэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетым зыхъумэжыныгъэмкIэ гупхэр къызэгъэпэщыным теухуа унафэ къищтащ.
1994 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Бгырысхэм я дунейпсо конгресс.
1936 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, скульптор, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зрата БжэIумых Хьид.
1939 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ КIэмыргуей Анатолэ.
|